Сабэри зи сэбэп щыIэщ

 Дэ фIыуэ дыщыгъуазэщ сабэм. Уеблэмэ, ди Iэпэгъущ. Сыт хуэдизрэ ди пэшхэр, лъэгухэр дымыгъэкъэбзами, сыхьэт бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу къытрехьэж. ЦIыхур куэд щIауэ сабэм пэщIэтщ, уеблэмэ абы Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуегупсыс. Псалъэм и хьэтыркIэ, сабэщыпыр епщыкIубгъуанэ лIэужьыгъуэм и пэщIэдзэм къежьащ. Ар бахъэкIэ зекIуэ мафIэгум ещхьт. Апхуэдизу Iэуэлъауэшхуэ ищIырти, хэбгъэзыхьмэ унэ кIуэцIым щIашэ хъуртэкъым. Езыр кърашэкIырт шитI зыщIэша гу щхьэхуэкIэ. Бжьамийхэр щхьэгъубжэхэмкIэ е бжэхэмкIэ далъэфырт. Пэжу апхуэдэ Iэмэпсымэхэр зиIэр закъуэтIакъуэт.
 ЦIыхухэр сабэм йозауэ. Ауэ абы хуэныкъуэхэр мащIэкъым. Псалъэм и хьэтыркIэ шэ ефэ псэущхьэ зыбжанэм, бзухэм, джэдкъазхэм сабэм зыхакухь. ДжэдкIэцIхэм апхуэдэ щIыкIэкIэ загъэкъабзэ. 
Ауэ сабэр цIыхум дежкIэ шынагъуэщ. Нидерландхэм щыщ Гегенбук ван Антони лIэщIыгъуэ зыбжанэ ипэкIэ езым ищIа микроскопымкIэ къилъэгъуащ сабэхэм хэс бадзэ цIыкIу дыдэхэр. Зы сабэ граммым щэм нэблагъэ щыпсэурт.
Апхуэдэу сабэр я бий бзаджэщ щIы щIагъым щылажьэ шахтерхэм. Абы щIэт сабэм тхьэмбыл уз къыщыхэкI куэдрэ къохъу.
Сабэхэр къыщыукъубей щIыпIэхэр мащIэкъым. I930-I936 гъэхэм США-мрэ Канадэмрэ къыщыхъея апхуэдэ борэнхэм цIыху минхэр хэкIуэдащ. 1934 гъэм Америкэ Ищхъэрэр нэхъапэм зэи щымыIа уэгъу гуащIэм иубыдауэ щытыщ. Ар зи ягъэр, дауи, сабэрт.
КъинэмыщIауэ, сабэр къэлыдынкIэ, уеблэмэ къэуэнкIэ хъунущ. Псом хуэмыдэу промышленностым епха IуэхущIапIэхэрщ ар къыщыхъур. Псалъэм и хьэтыркIэ, 2008 гъэ Джорджия американ штатым фошыгъу сабэр къыщыуауэ щытащ. Абы хэкIуэдащ лэжьакIуэ 14.
АрщхьэкIэ, ипэкIэ зэрыжытIащи, сабэр щысэбэпи къохъу. Къапщтэмэ, ар нэхъыбэ дыдэу здэщыIэ Сахарэ пшахъуэщIым и щIыIум телъ сабэм мыхьэнэшхуэ зиIэ щIыгъэпшэр фосфорыр хэлъщ. Илъэс къэс жьым апхуэдэ сабэу тонн мелуани 7,7-м нэблагъэ Антлактикэ хым зэпрехри, Амазонкэ псыхъуэм ехь. Абы апхуэдэу егъэпшэр нэгъуэщI щIыналъэхэри.
КъызэрыщIэкIымкIэ, хьэршми сабэ щыIэщ. Махуэ къэс ди планетэм къытощащэ апхуэдэ сабэу тонн 60-м нэблагъэ. Ар илъэсым тонн мин 40 хуэдиз мэхъу.
Гавая университетым и еджагъэшхуэхэм иджыблагъэ телъыджэ къахутащ: хьэршым къикIа сабэм псы хэтщ, уеблэмэ микроб гуэрхэми уащрохьэлIэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ сабэм и гъусэу зы галактикэм икIыу нэгъуэщI щIыпIэ кIуэуэ къакIухьыфынущ гъащIэм итеплъэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Зэпымыууэ къэзылъэтыхь кометэхэм я кIапэхэмрэ астероидхэм я щIыIумрэ телъ сабэр планетэхэм я атмосферэхэм тещэщэнкIэ хъунущ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ЩIым гъащIэ къыщыунэхунагъэнкIэ зэхуэIуа щыIэкъым. 

Шал Мухьэмэд.
Поделиться: