Нэр псэм и гъуджэщ

ЦIыхум зыпэрыт IэнатIэр фIыуэ илъагъумэ, абы ехъулIэныгъэ щиIэнущ, пщIэи къыхуихьынущ. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ Шэджэм район сымаджэщым нэм щеIэзэ и къудамэм и дохутыр, Налшык къалэ дэт Республикэ клиникэ сабий сымаджэщым консультанту щыIэ, ЩIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым дохутырхэмрэ медсестрахэмрэ лекцэ къахуеджэ Балъкъэр Щамил. Зыпэрыт IэнатIэм и щытыкIэм, нэ узыфэхэр къызыхэкIым, абыхэм зэрызащыпхъумэнум теухуауэ къэдгъэпсэлъащ ар.
- Дохутыр IэщIагъэр дауэ къыхэпхат, Щамил?
- ЕтIуанэ классым сыщIэсу ди анэм и нэр операцэ ящIат. Абы и нэр пхауэ унэм къэкIуэжауэ щыслъэгъуам, си гум ислъхьат балигъ сыхъумэ, нэ дохутыру седжэнурэ си анэм сеIэзэнущ жысIэри. ИкIи абы сыхуэкIуащ, нэгъуэщI IэщIагъэ зэзгъэгъуэтыну зэи сигу къэкIакъым. 
- Щэмил, ди республикэм и офтальмологие IэнатIэр нобэ сыт хуэдэ щытыкIэм ит? 
- Нэхъыщхьэращи, а IэнатIэм пэрытщ Iуэхум хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр. Операцэхэр фIы дыдэу зыщI хирург-офтальмолог цIэрыIуэхэр диIэщ. А унэтIыныгъэмкIэ ди зэфIэкIхэм я щыхьэтщ нэгъуэщI республикэхэм, псалъэм папщIэ, Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Шэшэным, Ингушым, апхуэдэу Москва къикIыурэ я нэхэр ягъэхъужыну цIыху куэд ди деж къызэрыкIуэр. 
- Фи сымаджэщым некIуалIэхэм сыт хуэдэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэфщIэрэ? 
- Узыфэр зыхуэдэр къыдохутэ, хущхъуэрэ мастэкIэ зэфIэкIынумэ, апхуэдэу доIэзэ. Операцэ хуеймэ, ари дощI, зэрызыкIэлъыплъыжынум теухуауэ чэнджэщхэр ядот. 
- Нэ узыфэхэр дауэ къызэрежьэр? Абыхэм ящыщу цIыхухэр нэхъыбэу зыгъэтхьэусыхэр сыт хуэдэ?
- Ар узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхокI. Псалъэм папщIэ, тхьэмбыл, фошыгъу узхэм, Iэпкълъэпкъым кальций хуримыкъумэ, нэм удын игъуэтамэ, нэгъуэщIхэми. Абы къищынэмыщIауэ, нэм дежкIэ зэраныгъэшхуэ къашэ иужьрей зэманым ди гъащIэм къыхыхьа техникэ Iэмэпсымэхэу компьютерым, жып телефоным, планшетым. Псом нэхърэ нэхъ Iей дыдэр жып телефонырщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ ар жэщи махуи яIэщIэкIыркъым цIыкIухэм. Адэ-анэхэм я нэхъыбэм сабийр зэрытрагъэур аращ, абыкIэ я быным я зэран зэрекIыр къагурымыIуэу. 
Иджыпсту катарактэкIэ зэджэ узыфэм нэхъ дрохьэлIэ. Ар Iэпкълъэпкъым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм къыхокI. Катарактэр операцэ пщIыуэ нэджыджыр зэхъуэкIын хуейуэ аращ. Глаукомэ яIэу зыкъытхуэзыгъазэхэри мащIэкъым. Ар къызыхэкIыр нэм епха лъы дэуейрщ. Къапщтэмэ, ар нэхъ шынагъуэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, уз хэтIэсауэ къыпхуонэри. Абы пIалъэкIэрэ еIэзэн хуейщ. А узыр зиIэхэм сымаджэщым щыщIэкIыжкIэ зэрызыкIэлъыплъыжынум теухуа чэнджэщхэр ядот. Пэжщ, сымаджэ псори жэуаплыныгъэ пылъу Iуэхум бгъэдыхьэркъым. Абыхэм къытрагъэзэж нэм епха лъы дэуейр лъагэу. МахуитI-щыкIэ щIэлъа нэужь, ар и пIэ йоувэж. Абы къикIыр сыт? Унэм хущхъуэр я нэм тэмэму щыщIагъаткIуэркъым. 
- Нэхъыбэу фи деж некIуалIэхэм сыт я ныбжь?
- Лэжьыгъэм сыщыпэрыувагъащIэм, нэхъыбэу сызрихьэлIэр балигъхэрт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджы сабийуэ, ныбжьыщIэу нытхуашэр куэд хъуащ. Шэч хэмылъу, абы и щхьэусыгъуэр, нэхъапэкIэ зи гугъу сщIа компьютерыр, жып телефоныр, планшетыр зэман куэдкIэ къызэрагъэсэбэпырщ. 
- Уэ узэреплъымкIэ, сыт абыкIэ хэкIыпIэу щыIэр? 
- Сабийхэм ехьэлIауэ адэ-анэхэм сытым дежи яжызоIэ телефоныр абыхэм IэщIахыну, чэнджэщхэр тхылъымпIэм тету ядот. Абы и лъэныкъуэкIэ хабзэ пыухыкIахэр щыIэщ. Къапщтэмэ, илъэситхум нэсыхукIэ телефонми компьютерми щыхъумэн хуейщ. АдэкIэ абы къыщыгъэлъэгъуащ сабийхэм я ныбжь елъытауэ а Iэмэпсымэхэр махуэм къызэрагъэсэбэп хъуну сыхьэт бжыгъэр.
Псом хуэмыдэу уи нэхэр зэрешар щызыхэпщIэр пщыхьэщхьэращ. А зэманым дежщ цIыхухэм нэхъ ерыщу социальнэ сайтхэр къыщагъэсэбэпыр, жэщ ныкъуэ хъухукIэ хэти компьютерым бгъэдэсщ, хэти планшетымрэ телефонымрэ иIыгъщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ я нэхэр Iисраф ящI. Махуэмрэ жэщымрэ зэхэхауэ Тхьэм къыщIигъэщIар, япэм уи Iуэху зэфIэбгъэкIын, етIуанэм зыбгъэпсэхун щхьэкIэщ. Иджыпсту цIыхухэм глаукомэ узыфэр щаIэр илъэс 40 нэужьырщ. Ауэ апхуэдэурэ кIуэмэ, а илъэс бжыгъэр къехынущ.
- Нэм лажьэ зэриIэр кърищIэну сыт хуэдэ нэщэнэхэр зыдилъагъужын хуей цIыхум? 
- Зэрилъагъум мащIэкIэ кIэричауэ къызэрищIэу дохутырым и деж кIуэн хуейщ. Апхуэдэу зыгуэр нэм къыщIэуэу къыщыхъумэ, щIисыкIмэ, нэпс къыщIэжмэ, зригъэплъыпхъэщ. ЖысIэнуращи, зы мыхьэнэншэкIэ дагъуэ гуэр и нэмкIэ зыхуищIыжмэ, дохутыр зригъэплъмэ нэхъыфIщ. Уи ныбжьыр илъэс 40-м нэсамэ, адэкIэ илъэсым къриубыдэу тIэу дэтхэнэми и нэм и щытыкIэр къригъэпщытэн хуейш. 
- Дохутырым хэлъын хуей хьэлхэм ящыщу уэ япэ ибгъэщыр сыт хуэдэра?
- ЦIыхугъэр. Ар зыхэлъым адрей псори дэплъагъунущ. Дохутырым бзэ дахэ Iурылъын хуейщ, сымаджэм дежкIэ абы и псалъэ гуапэри хущхъуэ пэлъытэщ. IэщIагъэм фIыуэ хищIыкIыпхъэщ. Къапщтэмэ, дохутырыр сытым дежи еджэн хуейщ, медицинэ IэнатIэм щIэуэ къыхыхьэ псоми щыгъуэзэн папщIэ. Абы и лъэныкъуэкIэ сэ литературэ куэд щIызоджыкI, конференцхэм сыхэтщ, интернетри къызогъэсэбэп.
Сыт ди IэщIагъэм фIыуэ хэлъыр?! Узым зи псэм гузэвэгъуэ къытрилъхьа цIыхум гупсэхугъуэ зэреттыжырщ. Сэ згъэхъужа цIыхум адыгэ хъуэхъу къызжиIэу зэхэсхыныр си дежкIэ куэд и уасэщ. Абы си щхьэр лъагэу сегъэлъагъуж.

 

Епсэлъар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ