Куэшхьэблэ

Адыгейм «Куэшхьэблэ» зи фIэщыгъэу ит къуажэшхуэр зэпэплIимэу дахэщ, и уэрам Iэхуитлъэхуитхэр языныкъуэ щIыпIэхэм я деж щызэхыхьэжрэ адэкIэ щызэхэкIыжу.
Мы къуажэр километр 60-кIэ пэжыжьэщ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ, и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэу.
Куэшхьэблэ а цIэ дыдэр зезыхьэ районым и жылащхьэщ, Лабэ псышхуэм и Iуфэ Iусщ, адрыщIымкIэ щыIэ Курганинск къалэм (Краснодар крайм хеубыдэ) хуэзанщIэу. Мы жылэм дэтщ зэреджэр зи фIэщыгъэ гъущI гъуэгу станц. Абдежым къыщоувыIэ къалэхэу Армавиррэ хы ФIыцIэ Iуфэм егъэщIылIа ТIуапсырэ зэпызыщIэ мафIэгухэр. Къуажэшхуэм цIыху мини 7,270-м нэблагъэ щопсэури, дэсхэм я процент 87-р адыгэщ.
 АтIэми, Куэшхьэблэ и къэунэхукIам, зэреджэр къызытехъукIам, зымащIэ нэхъ мыхъуми, я гугъу тщIынщ.
Куэшхьэблэ ящыщщ Урыс-Кавказ зауэм и ужькIэ Хэкужьым къафIина «къэбэрдей хьэжрэтхэм» щIэрыщIэу къызэрагъэпэщыжа жылэхэм. Къуажэр япэщIыкIэ Лабэ и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ щетIысэхат, Курганинск къалэмрэ Михайловскэ урыс жылэмрэ я зэхуаку дэту. АрщхьэкIэ, а щIыпIэм деж Лабэ и кIуапIэм щIэх-щIэхыурэ зэрызыщихъуэжым къыхэкIыу, къуажэм дэсхэм псыр щIэх-щIэхыурэ ящIэуэрт. Ар щхьэусыгъуэ яхуэхъури, Лабэ округым и администрацэм зи гугъу тщIы жылэм тIысыпIэщIэу хуигъэлъэгъуащ псышхуэм и сэмэгурабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэ щIыгу нэщIыр.
«Куэшхьэблэ» фIэщыгъэр IыхьитIу зэхэтщ. «Куэш» - «куэшын» псалъэр инжыдждэс, лабэдэс къэбэрдей адыгэхэм я бзэм къыщокIуэ, «Iэпхъуэн» мыхьэнэм хуахьу. «Хьэблэ» Iыхьэм къикIыр, дызэрыщыгъуазэщи, «къуажэ», «жылэ» жыхуэтIэхэращ. Къыхэгъэщыпхъэщ, а цIэ дыдэр зэрихьэу Къэрэшей-Шэрджэсми къуажэ зэритыр.  
Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ жылэр, дэсхэми зэхацIыхукIыу, хьэблэ-хьэблэу ноби гуэшащ. Абыхэм, Къэбэрдейр къежьапIэ зэрахуэхъуар ягъэнаIуэу, Анзорей, Дохъушыкъуей, Трамэхьэблэ, Къубатей, Бекъулей, Бэгъущей, къинэмыщIхэмкIи йоджэ.
Къуажэм и Iэгъуэблагъэм узыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэри гъэщIэгъуэнщ: «Iуащхьэ ныкъуэ», «Iуащхьэ дахэ», къинэмыщIхэри.

ЛУЦЭ СулътIан.
Поделиться:

Читать также: