Япэ хэгъуэр яублэ

Ди республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм япэ хэгъуэр ­зэхаублащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, мы гъэм бжьыхьэсэ гуэдзу гектар мин 50,5-м нэс, хьэпцIийуэ гектар мини 10 кърахьэ­лIэжынущ.
Мы зэманым ирихьэлIэу гуэдзыр гектар 500-м къыщахыжащ, зы гектарым хуэзэу центнер 43-рэ къытрах. ХьэпцIийуэ Iуахы­жар гектар 400-м щIегъу - центнер 38-рэ.
- Iуэхур зэраублам хуэдэу екIуэкIмэ, 2022 гъэм Къэбэрдей - Балъ­къэрыр гъавэ бэвкIэ гугъэ хъунущ, - жиIащ КъБР-м мэ­къумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн. - Мэ­къу­мэшыщIэхэр жылапхъэфIхэмкIэ бэлэрыгъакъым, гъатхэ па­сэм щыщIэдзауэ хьэсапкъэхэм щIыгъэпшэрхэмкIэ елэжьащ. Къапщтэмэ, гъэ кIуам ди республикэм гъавэу тонн 1 мелуаным щIигъу къыщрахьэ­лIэжащ. Мы гъэми а бжыгъэм хагъахъуэ мыхъумэ, ­нэхъ мащIэ мыхъуну мэгугъэхэр.
Иджыпсту и гуащIэгъуэу хьэпцIийр щыIуахыж Май, Прохладнэ, Бахъсэн щIыналъэхэм.
Бахъсэн районым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и управленэм ­хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, гектар 720-м щIигъур къахыжыну хунэсащ. Зы гектарым хуэзэу центнер 40 къытрах. Бжьыхьэсэ гуэдзу кърахьэлIар гектари 170-м нос, гектар къэс къытрах центнер 45-м нэхърэ мынэхъ мащIэ.
Тафэтесхэм къакIэлъыкIуэу хэгъуэм пэрыхьэнущ дунейр нэхъ щыщIыIэтыIэ бгылъэ щIыпIэхэм я мэкъумэш IуэхущIапIэхэр: Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ районхэм.
ГъавэгъэкIхэм зэрыжаIэмкIэ, губгъуэ лэжьыгъэхэр и пIалъэм зэрырагъэкIуэкIам и мызакъуэу, дунейм и щытыкIэри гъавэмкIэ зэрыфIар сэбэпышхуэ къахуэхъуащ.
IэщIагъэлIхэм къыхагъэщ, иджыпсту хуэдэу хуабэу екIуэкIмэ, нэхъ зыхуэсакъын хуейр псыр фIыуэ зылъагъу нартыхумрэ сэхуранымрэщ. Абы папщIэ псы щIэгъэлъэдапIэхэр щыIэщ, Iуэхум пэмылъэщ къахэкIын хуейкъым.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: