Нэгумэ Шорэ и зэфIэкI

Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр джыным, абы и псалъэхэр зэхуэхьэсыным, псалъалъэ Iуэхум елэжьыным и лъэхъэнэщIэр епхащ Нэгумэ Шорэ. Мыхьэнэшхуэ ди зэманми зиIэ япэ адыгэ-урыс псалъалъэр абы 1830 гъэм зэхилъхьащ.
 Нэгумэ Шорэ Бэчмырзэ и къуэр 1794 гъэм Жыцу псы Iуфэм Iуса адыгэ къуажэ цIыкIум къыщалъхуащ. Ар къызыхэкIар уэркъ унагъуэщ. Япэ лъэхъэнэм, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ар къуажэ ефэндым деж щеджащ. ЩIэныгъэм дихьэха щIалэм абы пищэну мурад ищIри, Дагъыстаным щыщ Эндери къуажэм дэт еджапIэм щIэтIысхьащ. И егъэджакIуэхэм я фIыгъэми е езым и еращыгъым къыхэкIами, и зэманым тепщIыхьмэ, щIэныгъэфI иIэу а еджапIэр абы къиухащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Нэгумэм цIыхугъэ хуэхъуа урыс усакIуэ Нечаев Сергей зэритхыжамкIэ, Шорэ абы щыгъуэ бзитху ищIэрт: хьэрыпыбзэр, персыбзэр, тыркубзэр, абазэбзэр, урысыбзэр.
Зи хэку къэзыгъэзэжа щIалэр къуажэ ефэндыуэ ягъэув, ауэ а лэжьыгъэр абы игу ирихьыркъым. Аращ абы и лэжьыгъэр къигъанэу урысыдзэм къулыкъу щищIэу щIыщIидзар. Илъэс зытIущкIэ лэжьыгъэ щхьэхуэхэр игъэзэщIа нэужь, Нэгумэм полк тхакIуэ къалэныр къыхуагъэфэщащ. А къулыкъур щызэрихьа илъэсхэм абы урысыбзэр нэхъри нэхъ кууужу зригъэщIащ. Къыдалъхуахэм тхыбзэ хузэхилъхьэну мурадыфI ищIахэм я гъэзэщIэным а илъэсхэрщ Нэгумэм щыщIидзар.
Абы щыхьэт тохъуэ а зэманым цIыхугъэ абы къыхуэхъуа Нечаев Сергей итхыжахэр. А Iуэхум тепсэлъыхьыну абы 1826 гъэм и тхыгъэхэм ящыщ зым мыпхуэдэу щыжиIащ: «Муслъымэн диныр къызэращтэ лъандэрэ, хьэрып шрифтыр къагъэсэбэпурэ, шэрджэсхэр я бзэкIэ матхэ. Ауэ шэрджэсыбзэм макъыу иIэ псори къэбгъэлъэгъуэну хьэрыпыбзэ хьэрфхэр зэрыримыкъум къыхэкIкIэ, шэрджэсхэм (адыгэхэм) папщIэ азбукэ щхьэхуэ зэхэлъхьэн зэрыхуейр къыгурыIуауэ, абыхэм я уэркъхэм щыщу зым, мыбы къакIуэ псоми яцIыхуу щыт Шорэ, и мурадщ апхуэдэ азбукэ зэригъэпэщу правительствэм и деж иригъэхьу трыригъэдзэну. Азбукэр къыдэкIа нэужь, грамматикэм и хабзэри къихутэн мурад иIэщ».
Бзэ куэд зэрищIэм, лъэпкъ тхыдэм и къызэгъэпэщыным зэрелэжьым къыхэкIкIэ, 1828 гъэм Нэгумэр Налшык къагъэкIуэжащ, шэсыпIэу абы щаIыгъ бгырыс сабий цIыкIухэр иригъэджэну. Ахэр Нэгумэ Шорэ хуригъэджащ урысыбзэмрэ тыркубзэмрэ икIи а лъэхъэнэм а еджапIэм и лэжьыгъэр зэрекIуэкIым нэIуасэ зыхуэзыщIа щIэныгъэлI зэхуэмыдэхэм зэакъылэгъуу зэратхыжыгъамкIэ, зэман кIэщIым къриубыдэу абы ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьат.
 Нэгумэ Шорэ I830 гъэм Бытырбыху кIуащ икIи абы къулыкъу щищIэу щIедзэ Кавказ-Бгырыс эскадрон ныкъуэм. Урысей щыхьэрым къыщыса япэ махуэхэм къыщегъэжьауэ мурад ищIахэр зэригъэзэщIэным нэхъри ерыщу ар яужь ихьащ. Абы зыпищIащ университетым и егъэджакIуэхэм, езыми езэш имыщIэу щIиджыкIащ урыс тхыдэр, нэхъ куууэ зригъащIащ урысыбзэр.
Бзэ куэд зыщIэ щIэныгъэлIыр нэхъ къыщысэбэпыну къалъытэри, Нэгумэ Шорэ I835 гъэм Кавказ корпус щхьэхуэм къагъэкIуэжащ. Тифлис къэIэпхъуа нэужь, Шаховский джыназым и унэм, Шорэрэ бгырыс лъэпкъыбзэхэм елэжь урыс академик цIэрыIуэ Шегренрэ япэу щызэхуэзащ. БзэщIэныгъэм теухуауэ куэд зылэжьа Шегрен Адрей Михаил и къуэр Урысейми, Финляндиеми, Кавказми, псом хуэмыдэу адыгэхэм я деж, щыцIэрыIуэт. Ар ящыщт дунейпсо щэнхабзэм лэжьыгъэшхуэ хэзылъхьахэм.
Шегренрэ Шорэрэ я кум ныбжьэгъугъэ гуапэ къыдэхъуэри, бзэщIэныгъэм теухуауэ зэдэлажьэу щIадзащ. Урыс щIэныгъэлIыр Нэгумэм къыдекIуэкIащ игъэгушхуэу, и лэжьыгъэхэр зэрыригъэкIуэкIын хуей щIыкIэхэр къыжриIэу, и щыуагъэхэр иригъэлъагъужу. Шегрен и гукъэкIыжхэм хэтщ мыпхуэдэу: «1835 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм Шаховский джыназым деж сыщыIэу срихьэлIат зы адыгэ щIалэ, иужькIэ ныбжьэгъушхуэ схуэхъуам. Ар бзэхэм елэжь Бекмурзин Шорэт. Акъылышхуэ зиIэт. Илъэситху хуэдизкIи Бытырбыху дэсат тхыдэмрэ бзэхэмрэ елэжьу. Абы игъуса тщIэныгъэлI барон Розен. Ар къыдэIэпыкъуурэ щIалэм зэхилъхьат адыгэ грамматикэ, урыс азбукэр къигъэсэбэпурэ».
Кавказ лъэпкъэм я бзэм елэжьу а зэманым щыIар Шегрен Андрей Михаил и къуэрт. Шорэ и Iэрытхыр икъукIэ гъэщIэгъуэн къыщыхъуауэ, адыгэбзэм и фонетикэри, лексикэри, морфологиери иджырт. Апхуэдэу академикыр щIэупщIэрт Урыс-Кавказ зауэ кIыхьлIыхь хъуам къиша гузэвэгъуэр зыхуэдэм. Шорэ щIэныгъэлIым хуиIуатэрт ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм я къекIуэкIыкIар, я гъащIэр гугъуу зэрыщытар. «Ди гъунэгъу урысхэми, къуршым адэкIэ щыпсэу сонэхэмрэ ермэлыхэмри езыхэм я алыфбеи я тхыбзи яIэжщ. Дэ, адыгэхэр, дызэрытхэну алыфбей къудей диIэкъым, тхылъ дэнэ къэна. Сытым щыгъуэу пIэрэ щIэныгъэм и нэхур ди деж щыщыблэнур?» - жиIэрт Шорэм. Шегрен фIэгъэщIэгъуэнт Нэгумэм куэдым зэрыхищIыкIыр, ар икIи зэрыхузэфIэкIкIэ абы сэбэп къыхуэхъуащ.
А тIур зэман дэкIауэ щызэхуэзэжат Псыхуабэ и гъунэгъуу щыIэ Карас колонием. ИужькIэ Шорэ Шегрен Къармэхьэблэ иригъэблагъэри, хьэщIэ лъапIэр лъэпкъым, и щхьэгъусэ Сэлимэт, и къуэ Ерустам сымэ яригъэцIыхуащ.
1830 - 1840 гъэхэм Псыхуабэ и псы хущхъуэхэм куэдрэ къакIуэу щытащ Бытырбыху ЩIэныгъэмкIэ и академием хэтхэр. Нэгумэм абыхэм захуигъазэрт, ечэнджэщырт бзэм и зэхэлъыкIэм, азбукэм, фонетикэм, тхыдэм теухуауэ. Шегрен Шорэ елъэIут: «Уэ си ныбжьэгъу, щIэныгъэфI уиIэщ, накIуэ Бытырбыху, бзэщIэныгъэмкIи дыбдэIэпыкъунщ, къалэм и библиотекэхэм, архивхэм ущылэжьэнщ».
Шорэ щIиджыкIащ Урысейм и тхыдэр, и литературэр, и щэнхабзэр. Абы фIыуэ иджат икIи гъэщIэгъуэни къыщыхъуат тхыдэтх цIэрыIуэ Карамзин Николай «Урысей къэралыгъуэм и тхыдэ» том 12 хъу тхылъыр. Абы итт адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIари. Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ зэпыщIэныгъэу яIар зыхуэдизри, урыс пащтыхь Иван Грознэм Темрыкъуэ пщым ипхъу Гуащэнэ къызэришауэ щытари, килограммищ зи хьэлъагъ дыщэ фалъэ тыгъэ къызэрыхуищIари… Нэгумэм и «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» и япэ напэкIуэцIхэм уащрохьэлIэ Карамзин и цIэм.
 Нэгумэ Шорэ Бытырбыху здэщыIэм куэдым щыгъуазэ хуэхъуащ, абы игъэщIагъуэрт урысыбзэм и къулеягъыр. И тхыгъэхэр хьэзыр ищIа нэужь, псори зэщIикъуэри ЩIэныгъэмкIэ академием кIуат, иужь дыдэу щIэныгъэлIхэри хигъэплъэжыну… АрщхьэкIэ, I844 гъэм мэкъуауэгъуэм и I0-м зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, абы и дыуэщIым хэтат Кавказ-бгырыс полуэскадроным къулыкъу щызыщIэ адыгэ шууейхэр, Царскэ Селом дэт Павловскэ кIэдет корпусым щеджэ уэркъ бынхэр, тэтэр-муслъымэнхэр, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу, и ныбжьэгъухэу Шегрен Андрей, Адольф Берже сымэ, нэгъуэщIхэри. ЗдыщIалъхьар Бытырбыху къалэкIэм щыIа муслъымэныкхъэрщ.

Зыгъэхьэзырар Тхьэхущынэ Ланэщ.
Поделиться: