СтIащ Сабри: Хэкум дызэрисым гугъуехьыр тщегъэгъупщэ

Кременчуг-Константиновкэ Iэпхъуа адыгэ унагъуэхэм я нэхъыжьыфIщ СтIащ Сабри. Сабрирэ и щхьэгъусэмрэ нэхъ зыхуей хуэзэу мэпсэу. КъатитIу зэтет унэм и япэ къатыр хьэзыр ящIауэ абы щIэсщ, етIуанэр яухмэ, и къуэр къригъэблэгъэжыну и мурадщ.
- Япэу мыбы дыкъыщыдыхьам IутIыж Мэжидщ къытIущIар, - къыддогуашэ Сабри. - Абы адыгагъэрэ хабзэу къыткIэлъызэрихьар зэи дигу ихунукъым. Ди къуэшхэм унэ къащэхунымкIэ, унагъуэу тIысыжынымкIэ, тхылъ Iуэху, нэгъуэщIхэр зэфIагъэкIынымкIэ Мэжид хуабжьу сэбэп къытхуэхъуащ.
ЦIыхуу дунейм тетым лъэпкъ зимыIэрэ щIыгу зимыIэрэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Дэ, адыгэр, дуней псом дытепхъауэ дыкъэхъуащ, сыт щыгъуи ди щхьэм щыкIэрахъуэрт, зэгуэр хэкум дыкIуэжынкIэ зэрыхъунур. Зауэм мыгъуагъэ куэд къихь пэтми, ди адэжь щIыналъэ къэдгъэзэжынымкIэ сэбэп хъуауэ жыпIэ хъунущ. Сыт хуэдиз гугъуехь ди нэгу щIэмыкIми, дыхущIегъуэжыркъым. А лъэпощхьэпохэр тщагъэпсынщIэу псори адыгагъэкIэ къытпыкъуэкIащ. Хэкурысхэм дагъэлъэпIащ, я хъер къытIухуащ, дигу къызэрагъэгъуэтыжащ.
Мо Iуащхьэмахуэ и щхьэр лъагэу Iэтарэ и бгъэр къызэрыригъэкIым хуэдэу зыкъытщыхъужу дыдэсщ мыбы. Абы къикIыркъым къызыхуэтыншэу дыпсэууэ. Ауэ мылъкур – уэсэпсщ, псэм и щытыкIэращ нэхъыщхьэр. ПсэкIэ къулей дащIащ ди къуэшхэм. Ди анэм и бгъэ хуабэр зэдгъэгъуэтыжауэ аращи, гугъуехь псоми дапэлъэщыну тфIощI.
Сэ сыхуейт щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм Iэпхъуа ди лъэпкъэгъухэм псоми хэкум къэкIуэжыну Iэмал яIэну. ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт «Пэрытми» ДАХ-ми. Ахэри, республикэ унафэщIхэри, къэралыр зыIэщIэлъхэри сэбэп къытхуэхъурэ Сирием ита адыгэ къуажэ 40-м дэсауэ я щхьэр зэрахьэу адэ-мыдэкIэ Iэпхъуахэр хэкужьым кърашэжамэ, дэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ щыIэнтэкъым.
Кременчуг-Константиновкэ унагъуэ I9 дэсщ Сирием къикIыжауэ. Мазэ къэс зэ дызэхохьэри, ди Iуэхухэм дытопсэлъыхь. Зы анэ къилъхуа зэкъуэшхэм хуэдэу дызэбгъэдэтщ, арыншауэ хъунукъым. УзыщыгуфIыкIыну диIэр мыращ: ди щIалэгъуалэр школхэм кIуэри, бзэри псынщIэу зэрагъэщIащ, дэ, нэхъыжьхэм, нэхърэ къуажэ псэукIэм нэхъыфIу хэсыхьащ. Сэ сызэреплъымкIэ, мы зы илъэсыр блэкIмэ, ди Iуэхур нэхъ тынш хъунущ, хэкIыпIэ нэхъыбэ диIэнущ. ПэщIэдзэр сыт щыгъуи гугъущ. Адрей къэкIуэжынухэри зэгупсысри зыгъащтэри лэжьыгъэ ямыгъутынкIэ зэрыхъунращи, абы Iэмал гуэр къыхуэдгъуэтыфамэ, унафэщIхэр къыддэIэпыкъуамэ, ди Iуэхур къикIынут.

ШЫПШ Даянэ.
Поделиться: