«Си къуажэ Къулъкъужын Ипщэ къыдэплъэ»

Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэту иджыблагъэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр, Бахъсэн районыр илъэси I00 щрикъум хуэгъэпса фестиваль екIу.
Махуэшхуэм щыщIидзащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и пщIантIэм, хьэщIэхэри къуажэдэсхэри адыгэ хабзэм тету ирагъэблэгъащ.
Утыкум деж къыщызэрагъэпэщат жылэдэсхэм я ехъулIэныгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ, республикэр илъэси I00 зэрырикъум теухуа баннерхэр, къуажэм и къежьапIэмрэ и зыужьыныгъэмрэ ущызыгъэгъуазэ материалхэр. Мыбдежым хьэщIэхэм Iэмал яIащ лъэпкъ шхыныгъуэхэр зэрагъэхьэзырым кIэлъыплъыну икIи адыгэ хьэлыуэ пщтырыр псом япэ зыIуагъэхуэну.
Муниципалитетым къыбгъэдэкIыу фIэхъус псалъэкIэ къызэхуэсахэм захуэзыгъэза, Бахъсэн районым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Iэхъуэбэч Анзор къыхигъэщащ районыр зэфIэувэным къуажэдэсхэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIар, абыхэм я хьэщIагъэ гуапэмрэ лэжьакIуэбэу зэрыщытымрэ.
Фестивалым и махуэшхуэ программэм хыхьэу къеджахэщ тхакIуэ цIэрыIуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, къуажэм къыдэкIахэу Уэрэзей Афликрэ АфIэунэ Лиуанрэ я усэхэм, ЩэнхабзэмкIэ унэм и гъэсэнхэм ягъэзащIэу ягъэлъэгъуащ адыгэ къафэжьхэр, джэгукIэхэмрэ гушыIэхэмрэ.
Iуэху гуапэр езыгъэкIуэкIхэм хьэщIэхэр щыгъуазэ ящIащ къуажэм и зыужьыныгъэм, абы къыдэкIа цIыху цIэрыIуэхэм. Фестивалым кърихьэлIахэм я гукъыдэжыр зэщIаIэтэу я нэгу зрагъэужьащ республикэм и артист цIэрыIуэхэу Тхьэгъэлэдж Светланэ, ГъукIэ Ислъам, Насып Астемыр, Шэрхъ Любовь, КъуэщIысокъуэхэ Зауррэ Тимуррэ, Жыгун Эдуард сымэ зыхэта концерт дахэкIэ.

Къан Мырзэ.
Поделиться: