Уз зэрыцIалэхэм защыфхъумэ

ЦIыху куэд зыгъэсымаджэхэм щыщщ кIэтIий уз зэрыцIалэхэр. Псалъэм папщIэ, абы хохьэ ныбажэмыжакъуэр, сальмонеллезыр, нэгъуэщIхэри. А узыфэ зэрыцIалэхэр къезыхьэкI микробыр цIыхум и Iэпкълъэпкъым зэрыхыхьэр и жьэмкIэщ икIи абы кIэтIий гъумыр е псыгъуэр «тIысыпIэ ещI» икIи а микробхэр тыншу пхуэгъэкIуэдыркъым. А узыфэхэр къыщоуалIэкIэ уи щхьэр уназэу, уи къэжьын къакIуэу, уи ныбэр узу, уи температурэр дэкIуейуэ мэхъу.

IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, дунейм щихуабэгъуэ лъэхъэнэрщ кIэтIийм епха узыфэ зэрыцIалэ зэхуэмыдэхэр нэхъ псынщIэу щыятэр. Тыкуэным е бэзэрым къыщыфщэхуа пхъэщхьэмыщхьэхэр фшхын ипэ, къабзэу тхьэщIын хуейщ.
Узыншагъэми дежкIэ шынагъуэщ щIыIалъэм щамыIыгъа шхыныгъуэхэр гъэмахуэм къэпщэхуныр. Апхуэдэ ерыскъыгъуэм хохьэ бдзэжьейр, шэхэкIхэр, мороженэр, крем зыдэлъ IэфIыкIэхэр. Апхуэдэу зи гугъу тщIа узыфэ зэрыцIалэхэр «къэбубыдынкIэ» хъунущ краным къиж е псынэм къыщIэж псыхэр къэмыгъэкъуэлъауэ уефэми. Узыфэ зэрыцIалэхэм я микробхэр бадзэхэм куэду кърахьэкI икIи нэхъ псынщIэу зэбграх. Ахэр унэм къыщIэмылъэтэн папщIэ бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ Iупхъуэ хъархэмкIэ гъэбыдэн хуейщ
Узыфэм зыщыфхъумэну фыхуеймэ, шхыныр Iэмал имыIэу щIыIалъэм дэвгъэувэ, пхъэщхьэмыщхьэхэр фшхын ипэ къабзэу фтхьэщI. Узыфэ зэрыцIалэхэр зыпкърыт цIыхум къигъэсэбэпа хьэпшыпхэр нэгъуэщIым къищтэмэ, абы ар къыпкърыхьэнкIэ шынагъуэ щыIэщ. Ар къэмыхъун щхьэкIэ сабийхэм щIэх-щIэхыурэ я Iэр фтхьэщI, зэрыджэгу хьэпшыпхэри дэвгъакIуэу.
КIэтIийхэм япыщIа уз зэрыцIалэхэр къызэуз сымаджэр зыщIэлъ пэшыр хлорамин растворыр къагъэсэбэпу махуэм тIэу къагъэкъэбзэн хуейщ. Апхуэдэуи ар зэрышха хьэкъущыкъумрэ зыхэлъа тепIэнщIэлъынымрэ хлорамин растворым (зэрыжьыщIэ порошокри къэбгъэсэбэп мэхъу) зы сыхьэткIэ хагъэлъри, итIанэ къагъэкъуалъэ.
КIэтIийхэм япыщIа уз зэрыцIалэ узыфэхэр къомыуэлIэн папщIэ дэтхэнэ зыми игъэзэщIэн хуейщ мы къызэрыгуэкI Iуэхугъуэхэр:
- шхэн ипэ къихуэу и Iэхэр итхьэщIын;
- крем зыдэлъ шхыныгъуэхэр нэхъ мащIэ щIын;
- псынщIэу зэкIуэкI шхыныгъуэхэр щIыIалъэм щыхъумэн;
- салат зэхэлъхьахэр сыхьэт зыбжанэ нэхърэ нэхъыбэкIэ щымыгъэтын;
- псы къэгъэкъуэлъа е минерал зыхэт псы фIэкIа емыфэн.

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: