Iуащхьэмахуэ ещIэж цIыху щэджащэхэр

 Абыхэм ящыщщ   ХьэтIохъущокъуэ Исмел-псыгъуэ, урысыдзэм полковникыу хэтар, Измаил быдапIэр къыщащтэм Очаков и лIыхъужь хъуар, Суворовым и гъусар, Георгий жорым и IV нагъыщэр зезыхьар. 1787 – 1791 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Тырку зауэм абы лIыгъэ щызэрихьащ, Днестр дэкIуэу Тыркумрэ Урысеймрэ я гъунапкъэхэр убзыхуным теухуа зэгурыIуэныгъэм хэтащ.

Екатеринэ ЕтIуанэр щIэкъуащ Кавказым щригъэкIуэкI IуэхухэмкIэ ХьэтIохъущокъуэр щIэгъэкъуэн къищIыну. Ауэ абы и хьэгъэщагъэхэр Исмел-псыгъуэ диIыгъакъым, урыс пащтыхьым иригъэкIуэкI лъэпкъ дэкъузэныгъэм и бийт ар, экономикэ, сату, политикэ я лъэныкъуэкIэ Урысеймрэ Кавказымрэ я зэпыщIэныгъэхэр, урыс лъэпкъышхуэм хуаIэ ныбжьэгъугъэр нэхъри гъэбыдэн хуейуэ къилъытэрт.

Исмел-псыгъуэ, Къэбэрдейм и лIы щэджащэр, Кавказым хуэуса Лермонтов Михаил и поэмэ цIэрыIуэ «Измаил-бейр» зытриухуа адыгэлIыр, диным итхьэкъуа гъэпцIакIуэхэм 1812 гъэм гъуанэдэууэ яукIащ.

Европэми Азиеми я гъуэгухэр Кавказым щызэхыхьэжырт. Мыбы щызэхэпхырт бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр, мыбы щыплъагъунут дин зэхуэмыдэхэм ятхьэкъуахэр, хабзэкIэ, хьэл-щэнкIэ зэмыщхьхэр – Польшэмрэ Шотландиемрэ къикIа миссионерхэр, Византиемрэ Алыджымрэ я сатуущIхэр, Тыркумрэ Кърымымрэ къикIа дин хэпщакIуэхэр, Аравием, Генуем, Франджым, Инджылызым щыщ зыплъыхьакIуэхэр.

ХамэщI къикIахэм я нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщт франджы тхакIуэшхуэ Александр Дюма-адэр, 1858 – 1859 гъэхэм Кавказым къыщызыкIухьар. Пушкиным, Лермонтовым, Толстой, Горький сымэ хуэдэу, мы хэкур зэрытелъыджащэр абы егъэлеяуэ гъэщIэгъуэн щыхъуауэ щытащ.

ПхузэфIэмыкIыу уи гум къокIыж Дюма и псалъэхэр: «Дыгъэр аргуэру къыкъуэкIыжащ, иужьрей пшагъуэ гуэрэнхэр кIуэдыжащ. Къазбэч къыщыщIэдзауэ Iуащхьэмахуэ нэс зызыукъуэдий Кавказыбгхэм я дахагъэ псори къыщIэщыжащ.

А хьэлэмэтыщэм дызыIэпишэри, зы заулкIэ дэ сыным хуэдэу дызэфIэтащ; тлъагъур ещхьтэкъым Альпхэми, Пиринеи, нэгъуэщI гурхэми; къыпфIэщIырт ар зыхуэдэ дыдэр зи нэгу къыщIэзыгъэувэфын щымыIэу.

Ар Кавказырт…».

Iуащхьэмахуэ куэдрэ пэплъащ и щыгу цIыхулъэ щыувыным. А зэманыр къыщысар 1829 гъэрщ. Абы и щыгум япэу дэкIащ Урысей Академием и экспедицэм и гъуэгугъэлъагъуэу щыта адыгэлI Хьэшыр Чылар, Iуащхьэмахуэ и къуэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщ зыр. Ди бгыжьхэм игъащIэкIэ ар ящыгъупщэнкъым: бадзэуэгъуэм и 22-м сыхьэтыр 11-м бгыхэм я тхьэмадэм и ищхъэрэ лъагапIэм Чылар щыхитIащ и Iэхъуэ башыр икIи мывэкIэ къигъэтIылъыхьыжри къехыжащ. Бгым дэкIыным абы тригъэкIуэдар сыхьэтийт.

1829 гъэм япэ дыдэу Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIам папщIэ гъущI IыхьэшхуитIым къыхагъэжыкIащ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Фут 16.330-рэ зи лъагагъ щыгум япэу дэкIыфар адыгэ Чыларщ. Мы гъущI къызэрыгуэкIым щIэблэм я деж нрырехьэсыж зи щыгур къамыгъэIурыщIэфыну къалъытэу щыта Iуащхьэмахуэ япэу гъуэгу пхызышам и цIэр».

Хьэшырхэ я къуэм хуэдэ гуэр хъунщ зытеухуар куржыпщ Ираклий ЕтIуанэм и чэнджэщэгъуу щыта дохутыр, дипломат, Саксонием щыщ Рейнеггс Яков итхар: «Шэрджэсхэр е, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зи гугъу тщIы къэбэрдейхэр, зэIэщIэлъхэщ, цIыху бланэхэщ, быдэхэщ, лIыгъэ зыхэлъхэщ, ешыркъым, IэкIуэлъакIуэхэщ, хъыжьэхэщ, щышуми щылъэсми Iэщэр дэгъуэу ягъабзэ».

Урысеймрэ абы ис лъэпкъхэмрэ я къэкIуэнур зыхуэдэм гу лъитауэ, иужькIэ Гроув Ф. и тхылъ «Кавказ щIыIэм» щитхыжыгъат Iуащхьэмахуэ и щыгум щитам зэгупсысар: «Европэмрэ Азиемрэ я гъунапкъэм ситу, си щхьэм къизэрыхьауэ езгъапщэрт нэхъ пасэм зыужьыныгъэ зыгъуэтахэр мы щIэуэ къэунэхуа къэрал лъэщым, зи къэкIуэнур зэрыдахэм цIыхухэм гу лъатэу щIадза къудейм».

Гроув ипэжкIэ а къэкIуэну лъэхъэнэм тетхыхьащ Пушкин А.С. и зэманыгъуэм псэуа икIи абы и цIыхугъэу щыта адыгэ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, усакIуэ Нэгумэ Шорэ. Нэгумэм жиIэгъащ: «Къэсынщ бгырыс щхьэзыфIэфIым и гум гурыщIэ телъыджэр, гъащIэр зыгъэнэхур – щIэныгъэр – фIыуэ илъагъу щыхъуну зэманыр. Дэ псоми щIэныгъэм, тхылъым, тхыгъэм зыщеттыну сыхьэтри къэсынщ…».

 

Поделиться:

Читать также: