Себоргэ и дыгъуасэмрэ и нобэмрэ

 ИгъащIэм фрихьэлIа цIыху 315-рэ фIэкIа зэрымыс къэрал? КъызэрыщIэкIымкIэ, апхуэди щыIэщ. Италием хыхьэ Себоргэ апхуэдэ зы щапхъэщ.
 Карбоне Джорджэ пащтыхь дыдэ мыхъуми, пщыгъуэ гуэр къыIэрымыхьэныр и гум къыхуидэртэкъым. Е егъэлеяуэ и Хэкур фIыуэ илъагъурэт? Ари и лъахэгъухэм ещхьу къызэрыгуэкI удзгъэкIыу псэуфынут, зэрыцIыкIурэ щыпсэу Себоргэ зэрыщхьэхуитыр тхылъымпIэхэм къримыджыкIамэ. ЯпэщIыкIэ и къуажэгъухэм пщы ящIыну япиубыдащ. Дыарэзыщ, ткIэрыкI закъуэ жаригъэIа нэужь, щIалэр етIуанэ лъэбакъуэр зэричынум йогупсыс. Езыр щыпсэу къуажэм къэрал къыхищIыкIыну мурад ещI.
 Хуеину хэти хуитщ, ауэ дауэ? Джорджэ дахэм хуэдэу Италием и картэр къищтэри, Себоргэ абы хабзэкIэ зэи зэрыхамыгъэхьар къихутащ. Арати, къуажэри жылэри къызэщIигъаплъэри, къэралыгъуэ щхьэхуитым и тепщэу зыхригъэхащ. А псори щекIуэкIыр 1963 гъэрт. Себоргэ зыхыхьэ Лигурие щIыпIэр франджы гъунапкъэм пэгъунэгъущ. Арагъэнщ Италием и тепщэхэр щIэх къащIылъэмыIэсар.
 Ауэрэ «пащтыхь гуащэ сумыгъэщIу хъунукъым» жызыIа Пушкиным и фызыжьым ещхьу, Карбоне и къуажэгъухэр къытригъэхьащ Себоргэ къэралыгъуэ щхьэхуиту игъэIуну. ЗэрыжытIэжым хуэдэ дыдэу джафэрэ лантIэу Iуэхур зэремыкIуэкIар гурыIуэгъуэщ, итIани, и насыпыр псоми ятекIуэри, Карбоне Джорджэ 2009 гъэ пщIондэ Себоргэ и тепщэу екIуэкIащ. ЗыфIищыжари сыт хуэдэцIэ? «Себоргэ и япэ пщы Джорджэ Езанэ». Уеблэмэ «луиджинэ» зыфIаща ахъшэ щхьэхуи щытрадзэн щIадзащ къэрал цIыкIунитIэм. I995 гъэм ирагъэкIуэкIэ IэIэтым ипкъ иткIэ, цIыху 304-р арэзыуэ, 4 фIэкIа япэщIэмыту, Себоргэ и Конституцэр къащтэри, Джорджэ Езанэри тепщэу къэнащ.
 Куэдым яцIыхуркъым а къэралыр. Дэнэ щыпцIыхун цIыху 3I5-рэ фIэкIа щымыпсэу хэгъэгур? X лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ ар чыристан духьэшыхэм я IэмыщIэ илъащ. I729 гъэм Сардинием и пащтыхьым иращауэ щытащ. Ауэ Джорджэ зэIипщIыкIа дэфтэрхэм къыгурагъэIуащ а а Iуэхур зэи хабзэкIэ зэрыщIамыгъэбыдар. «Дэфтэрхэр нэпцIщ, I86I гъэм зэфIахауэ жыхуаIэ зэгурыIуэныгъэри хабзэм къищтэркъым», - жиIэри, щIалэм зыхуейр яфIищIащ.
 Себоргэ пщыгъуэм и инагъыр сыт хуэдиз жыпIэмэ, псори зэхэту зэрыхъур километр I4 зэбгъузэнатIэ. Нэхъыбэм ар Италием и щIым тес пщыгъуэ щхьэхуэу къалъытэ, Ватиканым ещхьу. Урымым а псор къабыл ищIыркъым, итIани, Себоргэм езым и армэ, нып, ахъшэ, пщы иIэжщ.
 Марчеллэ цIэр зезыхьэ иджырей я пщым пыIэ щIыху зыщыгъ хабзэхъумэхэр къыщхьэщытщ. Абы и щхьэгъусэ Нинэ хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министрщ. 20II гъэм зэщхьэгъусэхэр инджылыз пащтыхь гуащэ Елизаветэ иригъэблэгъауэ щытащ. ЗэрыжаIэмкIэ, Себоргэ зэрыщIыналъэ щхьэхуитыр къабыл ящIащ нэгъуэщI къэралыгъуэ 20-м. Махуэшхуэхэр щагъэлъапIэкIэ США-м икI лIыкIуэр ягъэхьэщIэ. ЦIыхубэр игъащIэ лъандэм зыхэпсэукIыр дыхухэм халъхьэ удз гъэгъахэрщ.
 ЛъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, Себоргэр пасэрей лъапсэжьхэм ещхьщ, и гъуэгухэр мывэкIэ къищIыкIарэ и унэ къэс удз гъэгъа къызэрылэл матэхэр кIэрыщIауэ. Туристхэм я дежкIэ мыр жэнэт къуэгъэнапIэ дыдэщ. Апхуэдэу щхьэ бжыгъэкIэ нэхъыбэхэр илъэс минкIэрэ къэралыгъуэ мыхъуфу мэпсэу, цIыху 3I5-м апхуэдэ насып къахурихьэкIащ. Армэ яIэщ жытIа щхьэкIэ, я дзэр зэрыхъур цIыхуитI къудейщ – гъунапкъэр зыхъумэ щIалитIыр. Конституцэм къэралыр зэи мызэуэуну щыукъуэдиящ.

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: