Тхыдэр зыхъумэ, къалэр зыгъэбжьыфIэ фэеплъхэр

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу­удзэм хэта лIыхъужьхэм я фэеплъыр Псыхуабэ лъэны­къуэ­кIэ Налшык укъыщыдэ­лъадэкIэ щытщ, Мэлбахъуэмрэ Идарымрэ я уэрамхэм я зэ­хэкIыпIэм деж щыIэ утыкум хуэзэу. А фэеплъыр япэу 1970 гъэм къызэIуахауэ щытащ. ИтIа­нэ, 2005 гъэм, шууей хъы­жьэм и теплъэр скульптор цIэ­рыIуэ ТхьэкIумашэ Михаил и проектымкIэ ягъэуващ.

Дызэрыщыгъуазэщи, 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэр 1941 гъэм и щэкIуэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м къы­щызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы зауэлI мини 5 хэтт, 2919-р адыгэт, 568-р балъкъэрт, 680-р урыст. КъищынэмыщIауэ, абыхэм яхэтащ къущхьэхэр, куржыхэр, украинхэр, ермэлыхэр, журтхэр, къэзахъхэр, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщи. Республикэ псом хуа­гъэ­хьэзырат ахэр фронтым, шыфI­хэр къыхудахуат, щыгъыныр, Iэщэр, шхыныр лъахэм щылажьэ заводхэм иратат.
1942 гъэм накъыгъэм и 1-м, Налшык щащIа май махуэшхуэм шуудзэр хэта иужькIэ, занщIэу фронтым дашауэ щытащ. Ростов щIыналъэм нэс кIуэри, лIы­хъужьыгъэ къагъэлъагъуэу хэтащ Дон, Сталинград деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм. Ауэ псом хуэмыдэу хэщIыныгъэ щагъуэтар нэмыцэ танкхэм япэщIэува иужьщ.
Илъэс бжыгъэ дэкIыжауэ, штабым и унафэщIым и дневник къагъуэтыжам и фIыгъэкIэ Кавказ Ищхъэрэм и япэ цIыхубэ дивизэм и къекIуэкIыкIар IупщI хъуащ.
«Сальск, Къалмыкъ губ­гъуэ­хэм щекIуэкIа зауэхэм 115-нэ шууей дивизэм цIыху мини 4-м нэб­лагъэ щыфIэкIуэдащ. 1942 гъэм шуудзэм хэщIыныгъэшхуэ зэригъуэтам къыхэкIыу, зэбградзауэ щытащ».

*   *   *
Тхыдэм и лъагъуэжьхэм кърикIуэу, къалэм къыдэхута хуэдэщ 2004 гъэм Налшык и Хуитыныгъэм и утыкум деж щагъэува Псэ жыгыр. Урыс-Кавказ зауэр зэ­риух­рэ илъэси 140-рэ щрикъум ирихьэлIэу зэпеуэ къызэрагъэпэщри, абы нэхъыфIу къыщалъыта фэеплъыр ягъэуващ. Жэзым къыхэщIыкIа фэеплъым метри 7 и лъагагъщ. Ар зи IэдакъэщIэкIыр КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI ГъущIапщэ Арсенщ. Псэ жыгым тетщ: «1763 - 1864 гъэхэм Кавка­зым щекIуэкIа дзэ, политикэ Iуэхухэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъу».
Псэ жыгыр адыгэм къыдэгъуэгурыкIуа, илъэс 5000 ипэкIэ зэрахьэу щыта дамыгъэщ, уеблэмэ хьэтитхэми къудамиблыр къы­зыхэщ дамыгъэ яIэу щытащ. «Мыбы жыги, псэущхьи, цIыхуи хэфлъэгъуэн хуейкъым. Мыр гъа­щIэм и дамыгъэу аращ, адыгэ­хэм къазэуа гъащIэм, псэм теухуащ. Апхуэдизу ерыщу ди адэжьхэр щIэзэуар мылъкукъым икIи шыкъым. АтIэ лъэпкъыр щыгъэIэнырщ, абы къэкIуэн иIэ­нырщ, щIэблэ къыщIэхъуэнырщ, гъащIэ гъуэгуанэ иIэнырщ, мис ахэращ псэ жыгми къигъэлъа­гъуэр», - жеIэ авторым.
 
*   *   *
Политикэ залымыгъэм ихьа балъкъэр лъэпкъым и мемориалыр 2002 гъэм гъатхэпэм и 8-м Налшык къыщызэIуахауэ щытащ. Абы щыгъуэм балъкъэрхэр залымыгъэкIэ я хэкум зэрырагъэIэпхъукIрэ илъэс 58-рэ хъурт. 1944 - 1957 гъэхэм гузэвэгъуэш­хуэ зи щхьэ кърикIуа лъэпкъыр Iуэ­тэжыгъуэ ихуащ икIи зи кхъащхьэ хамэщIым къыщана я адэжьхэм я фэеплъым и нэщэнэу яухуащ мемориалыр.
Фэеплъ щIыпIэм музей хэтщ. Абы лъэпкъ тхыдэр революцэм и пэм къыщегъэжьауэ къызэщIеубыдэ. Сурэтхэмрэ дэфтэрхэмрэ зэхэхауэ зыфIэлъ плIанэпэхэр теу­хуащ Хэку зауэшхуэм, балъкъэрхэр я лъахэм щраша илъэс­хэм, лъэпкъым къыщигъэзэжа лъэхъэнэм, ахэр хэкужь гъащIэм хэсыхьыжа зэрыхъуам, иджырей псэукIэм.
Илъэс къэс мемориалым деж щызэхос икIи удз гъэгъахэр тралъхьэри, пэкIу щащI балъкъэр лъэпкъым, республикэ унафэщI­хэр, жылагъуэр кърихьэлIэу.

*   *   *
 Налшык къалэ и Хуитыныгъэ утыкур зыгъэлъапIэхэм ящыщщ абы ит адыгэ ущиякIуэ, философ, лIы Iущ Къэзанокъуэ Жэбагъырэ (1684 - 1750) абы и щхьэ­гъусэмрэ я фэеплъыр. Лъахэхутэ, тхакIуэ Котляров Виктор зэрыжиIэмкIэ, «мы сынхэр 1957 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым и медицинэ факультетым и гъунэгъуу щыIэ Хуитыныгъэм и жыг хадэ цIыкIум къагъэIэпхъуащ».
ЩэрэлIокъуэ Талъостэн а сынхэм я хъыбару жиIэр мыращ: «Налшык къалэм щыIэ Хуитыныгъэм и хадэм сынитI итщ зэбгъэ­дэтыпэу, гъущI хъаркIэ къэхухьауэ. Ар Къэзанокъуэ Жэбагъырэ абы и щхьэгъусэмрэ я сынхэрщ, я бынхэм хуагъэувауэ. Муслъы­мэн дин махуэгъэпсым укъыдэбжэмэ, Жэбагъы - 1163 гъэм, и щхьэгъусэр 1183 гъэм дунейм ехыжащ. Сынхэр мыбы къашащ илъэс 35-рэ хуэдизкIэ узэIэ­бэ­кIыжмэ. Абы ипэкIэ ахэр Кэнжэ пэмыжыжьэу «Къэзаныкъуей» аузым щыIащ. Абдеж XVIII лIэ­щIыгъуэм и пэщIэдзэм щысащ «КъэзаныкъуейкIэ» зэджэу щыта адыгэ къуажэр».
*   *   *
Адыгэ, балъкъэр литературэ­хэм я лъабжьэр зыгъэтIылъа ПащIэ Бэчмырзэрэ Мечиев Кязимрэ я фэеплъым егъэдахэ Хьэ­тIохъущокъуэм и жыг хадэр. Ар я Iэдакъэ къыщIэкIащ ТхьэкIумашэ Михаилрэ Крымшамхалов Хьэ­мзэтрэ. Бюстхэр 1960 гъэм ягъэуващ, 2008 гъэм къагъэ­щIэрэщIэжащ. ЗэгурыIуэрэ зэ­дэIуэжу зыщI зэдис лъэпкъитIым я дамэ хуэдэщ фэеплъыр. Жыг хадэм щрагъэкIуэкI архитектурэ хуэIу­хуэщIэхэр зи гугъу тщIы фэеплъхэми дахэу ирагъэ­щIылIащ. ПащIэ Бэчмырзэрэ Мечиев Кязимрэ я гупэ къитщ усыгъэм и лъа­гъуэр. Абы мраморым къы­хэщIыкIа тхылъу щегъэувэкIахэм ятетщ адыгэ, балъкъэр уса­кIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыщ­хэр.
Мы зэманым фэеплъыр хэтщ къэралым ихъумэ щIыпIэ хэхахэм.
*   *   *
Къэбэрдей-Балъкъэрым и жы­лагъуэ, политикэ лэжьа­кIуэшхуэ Къалмыкъ БетIал (1893 - 1940) и фэеплъыр 1960 гъэм щагъэуващ Налшык. Ар и IэдакъэщIэкIщ ­УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI ТхьэкIумашэ Михаил. Къалмыкъым и гъащIэри, и IуэхущIафэ псори епхащ республикэм, абы и къалащхьэм я зыужьыныгъэм.
Облисполкомым и унафэщIу щы­та Къалмыкъ БетIал и нэIэ щIэт Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэ­щIэрэщIэжу хуежьащ. Экономикэр зэрыригъэфIэкIуам къы­дэкIуэу, ар цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, республикэм и щэнхабзэм зегъэужьыным те­лэжьащ.
*   *   *
2014 гъэм фокIадэм и 1-м, ­КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу, Iэтауэ къызэIуахащ 1956 - 1985 гъэхэм КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и Япэ секретару щыта Мэлбахъуэ Тимборэ и фэеплъыр. Ар КъБР-м и Правительствэм и унэм и бгъум деж щытщ.
Ди лъахэм щекIуэкI псэукIэр зэтеувэным хэлъхьэныгъэш­хуэ­хэр хуэзыщIа цIыху щэджащэхэм ящыщщ илъэс 30-кIэ абы и унафэщIу щыта Мэлбахъуэ Тимборэ Къубатий и къуэр.
Мэлбахъуэм и зэманым республикэм лъэныкъуэ куэдкIэ зиужьащ. Абы и псалъэ купщIафIэ куэд къахуэнащ иджырейхэм. ИкIи абыхэм я мыхьэнэр ноби кIуэдакъым.
*   *   *
Илъэс 20-м щIигъукIэ ди республикэм и унафэщIу щыта КIуэ­кIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэм и фэеплъу Урысейм щIыхь зиIэ и сурэтыщI СэвкIуий Хьэмидрэ архитектор Мату Зауррэ я Iэдакъэ къыщIэкIар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и гупэ утыкум итщ, къалэм и проспект нэхъыщхьэр игъэ­дахэу. Ар щагъэувар ирихьэ­лIащ Къэбэрдейр езыр фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 450-рэ щрикъум.
1990 гъэм – КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ комитетым и Япэ секретару, 1990 - 1991 гъэхэм – Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщIу, 1992 – 2005 гъэхэм – КъБР-м и Президенту щыта лIы ахъырзэманым и гъащIэ псор и лъахэмрэ и хэкуэгъу­хэмрэ я зэIузэпэщыныгъэм триу­хуащ.
Республикэм щыпсэу цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэфIыр гъэ­бы­дэным, абы ис лъэпкъхэр зэгуры­Iуэным, заузэщIыным хущIэкъуащ КIуэкIуэ Валерэ. ЩIыналъэм и экономикэ щытыкIэм хигъэхъуащ, псэукIэм и фIагъыр къи­Iэтащ. Политик цIэрыIуэм пщIэш­хуэ щиIащ Къэбэрдей-Балъ­­къэрми Урысей Федерацэми.
 

 

   

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

  

 

  

 

 

 

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: