ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ

Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и унэм щекIуэ­кIащ абы хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. Зэхуэсым ­хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и Уна­-фэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правитель­ствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуныжь МуIэед, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ Федеральнэ округым щыIэм и Аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Мэкъуауэ Тимур сымэ.

КъулыкъущIэхэр хэплъащ Iуэхугъуэ 11-м щIигъум.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм финансхэмкIэ и ­министр Лисун Еленэ къызэхуэсахэм я пащхьэ кърихьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ГъэтIылъыгъэ ­фондыр къэгъэсэбэпыным теухуа унафэм зэхъуэкIыныгъэ зэрыхалъхьам теухуауэ» Правительствэм и унафэм и проектыр. КъБР-м и бюджетым теухуа законым зэхъуэ­кIыныгъэхэр зэрыхалъхьам къыхэкIыу, ар яхъуэжын зэ­рыхуейр къыхигъэщащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и гъэтIылъыгъэ фондым хэлъ ахъ­шэм 2022 гъэм сом мелуан 250-кIэ зэрыхагъахъуэм теухуа унафэми арэзы техъуащ къызэхуэсахэр.
КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм­-кIэ и министр Бэрбэч Алим къэрал программэм хэлъхьэн хуей зэхъуэкIыныгъэхэм щытепсэлъыхьым жиIащ фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэхэр зыхуей хуэгъэзэным т­рагъэкIуэдэну ахъшэ къазэрыIэрыхьар. Ар къэрал бюд­жетым къыхэкIащ, дотацэу е гранту хэгъэгухэм хуагуэшащ. Налшык къалэм и пщIантIэ 51-рэ зыхуей хуагъэзэнущ, абы сом мелуан 50 трагъэкIуэдэнущ. Пролетарскэ жылэм и цIыху зэхуэсыпIэр ягъэщIэрэщIэнущ сом мелуани 7,297-кIэ.
КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм ищIа унафэм тету ахъшэ саугъэт ­зратынухэу олимп спорт лIэужьыгъуэхэм, олимп лIэу­жьыгъуэхэм хэмыхьэхэм зыхуэзыгъасэхэу Урысей Фе­дерацэм и командэ къыхэхам хэт спортсменхэмрэ абы­-хэм я тренерхэмрэ къызэрыхатхыкIар. Апхуэдэ саугъэтхэр ­зратынухэм ящыщщ паралимп, сурдлимп спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ УФ-м и командэ къыхэхам хэтхэмрэ абыхэм я тренерхэмри.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэ­щыжынымкIэ и министр Асанов Алим хуэныкъуэхэм ядэ­Iэпыкъуным пыщIа Iуэхугъуэ зыбжанэ правительствэ зэIущIэм хэтхэм я пащхьэ кърихьащ.
Зытепсэлъыхьа Iуэху псоми ятеухуа унафэхэр къы­щащтащ, ахэр гъэзэщIэныр зи къалэн IэнатIэхэм яхуэ­гъэза пщэрылъхэр щащIащ зэхуэсым.

ШЫПШ Даянэ.
Поделиться: