ЩэкIуэным хэпсэукI лъэпкъыжь

Илъэс 40000-м нэблэгъауэ Танзание Ищхъэрэм хыхьэ, тхыдэкIэ къалъыс я щIы Iыхьэм щопсэу «хадза» лъэпкъыр. Иужьрей илъэс 50-м къриубыдэу, абы щыщу процент 90-м нэс яфIэкIуэдащ. Iуэхум щхьэусыгъуэ хуэхъуар щIым телэжьыхь хьэрычэтыщIэхэм щысхь ямыIэу мэзхэр зэрыраупщIыкIымрэ псы къыщIэжыпIэхэр зэрызэпрашымрэщ. Дызэрыт зэманым я бжыгъэр 1 миным нэсыж-нэмысыжщ лъэпкъым. 

 «Си дежкIэ сызытес щIым сызэрыхуитым нэхърэ мыхьэнэ нэхъ зиIэ си гъащIэм хэткъым, - жеIэ хадза лъэпкъым щыщ мэзхъумэ Байяго Петрэ. - Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIым сызыхуей псори къызет. Дунейм теткъым мэзхэр схъумэным нэхърэ нэхъ сфIэфI. Пщэдджыжьым сыкъоушри, щакIуэ сокIуэ. ЗыгуэркIэ си мэз Iыхьэм мэзджэд сыщыхуэмызэмэ, фо къызэрызгъуэтынум шэч къытесхьэркъым. Фо сымыгъуэтмэ, пхъэщхьэмыщхьэ къысхуэгъуэтынущ. Дауэ хъуми, махуэм и кIэм си унагъуэм баобаб яхуэсхьыфынущ». 
2011 гъэм хадзахэм я гукъеуэр утыку ирахьэри, зытес щIым зэрыхуитым теухуауэ дэфтэрхэр зыIэрагъэхьащ. Зэпэгъунэгъуу псэу лъэпкъхэм ящыщу хадзахэм я закъуэщ апхуэдэу зыщIэфар. Адрей лъэпкъ къудамэхэм апхуэдэ дэфтэр иджыри яIэкъым. Абы и фIыгъэкIэ, иджы хадзахэм я щIым хамэ кърамыгъэIусэну хуитщ. ЗыгуэркIэ ирагъэIусэу щытми, щIэуэ кърагъэжьа «фIамыщI кредитхэм», мэзхэр зэрахъумэм папщIэ къалъысхэм, хухагъэкIыпхъэ ахъшэр къыIрахыну хуитыныгъэ яIэщ. 
«ФIамыщI кредитхэр къежьэху сэ хэсщIыкIышхуэ щыIэтэкъым мэзыр хъумэн зэрыхуей щIыкIэм, - пещэ и гупсысэм Байяго Петрэ. - Иджы мэзым сокIуэри, цIыхухэм жыгхэр кърезгъэупщIыкIыркъым». 
Апхуэдэ щIыкIэу къалэжьа ахъшэр хадзахэм трагуашэ мэзхъумэу ягъэлажьэ цIыху 40-м. Аращи, щIым теухуа хуитыныгъэр къыдэзмыха адрей лъэпкъхэм нэхърэ нэхъыфIу яхъумэ ерыскъы къызыщIах мэзхэр. 
«Си ныбжьым итхэр дытекIуэтмэ, си бынхэри мыбдеж къэнэну сыщогугъ, мэзхэр яхъумэу, - жеIэ Петрэ. - НэгъуэщIу жыпIэмэ, хадза лъэпкъым и щэнхабзэмрэ мэзымрэ я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр ямыгъэкIуэдыну». 
2019 гъэм хадзахэм я мэзхэр зэрахъумэм папщIэ, ООН-м и саугъэт иратащ. «Экватор» тыгъэр хуагъэфащэ хабзэщ щIыналъэр щIыуэпсым и зэран къемыкIыу хъума зэрыхъунум теухуауэ хэкIыпIэ къэзыгъуэтыф лъэпкъ щхьэхуэхэмрэ абыхэм я къудамэхэмрэ. 
Адыгэхэм ятеухуауэ пасэрей зыплъыхьакIуэхэм я жыIэгъуэхэр щызэIытпщIыкIкIэ, сыт щыгъуи ди гуапэу дыкъоджэ «мыбыхэм я деж ныбэизыгъэм къишэ узхэр щызекIуэркъым» зэрыжаIэм. Ди жагъуэ зэрыхъущи, дунейр зытекIуэдэж «цивилизацэр» ди дежи къэсащи, а псалъэхэр иджырейхэм ттеухуакъым. 
Хадза лъэпкъым щыщхэр илъэс куэдкIэ зэрыпсэур щхьэусыгъуэ ящIри, я псэукIэм щIэныгъэлIхэр кIэлъагъэплъащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, мыбыхэм пшэру яхэтыр мащIэ дыдэщ. ДохутырыбзэкIэ жыпIэмэ: «Я Iэпкълъэпкъым триглицеридхэм зыщIаIэжьэркъым». 
ЗэрыжытIауэ, хадзахэр щакIуэ лъэпкъщ. Iэщэу къагъэщхьэпэр езыхэм ящIыж шабзэщ. Зырызурэ е цIыху 15 зэрыгъэхъуурэ мэщакIуэ. Шабзэпэхэр мывэм е гъущIэм къыхащIыкI. Апхуэдэ щIыкIэкIэ абыхэм къаукI хывхэмрэ мэз бжэнхэмрэ. ГъэщIэгъуэнщ цIыхухъухэм хуэдэ дыдэу цIыхубзхэри зэрыщакIуэр. КъинэмыщIауэ, мэзым къыщыкI къэкIыгъэхэр, бзухэм, шубакъхэм я джэдыкIэхэр яшх. Я ерыскъым щыщу процент 80-р мэзым къыщащыпа шхыныгъуэхэщ. 
Гу лъытапхъэщ хадзахэм я псэупIэхэми. Гъэм и Iыхьэшхуэ абыхэм щагъакIуэ къудамэхэм къыхащIыкIа пщыIэхэм. Уэшхрилэ хъуа нэужь, къурш зэхуакухэм зыщагъэпщкIу. И пIэ ит унэ яIэххэкъым. Iэпхъуэ зэпыту мэпсэури, тхьэмахуитI къэс зэ я псэупIэр яхъуэж. Щыгъущэм деж, цIыхуи 100-200 хуэдизу зэрыIыгъыу. Уэшх къыщешхкIэ, лIакъуэ-лIакъуэкIэ загуэшауэ. 
Банэ къахэуэнкIэ мышынэмэ, хадзахэм нэхъыбэу къызэракIухьыр лъапцIэущ. Щыгъын нэхърэ теубгъуэнкIэ узэджэну нэхъ зыхуэфащэ я фэилъхьэгъуэхэр фэм къыхэщIыкIащ. 
ЦIыхубэ зэхэтыкIэм и гугъу пщIымэ, мы лъэпкъыр мылъку зэхуэмыдэныгъэ мащIэ дыдэ фIэкIа здэщымыIэхэм хабжэ.    

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: