ДЕЙ

  Iэсэ йоплъ лъэгу хадэм ит дэшхуейм - цIыху абрагъуэ хэплъэу щыт хуэдэщ; мащIэу щIэгъэхуа и лъакъуэ ижьым лъэтхьэмпэшхуэ къыхокI, «гуэншырыкъ» фIэлъу, лъапэ исам лъэпс иупIэхэр зэпэIузэу еблыхащ, лъащхьэм хъурейуэ къекIуэкI лэдэххэр апхуэдизу IупщIщи, мис иджыпсту хобэкъукI жыпIэнщ жыг домбейр. Абы щIэIэбэу зы дэ къыщIихыху, Тхьэм йолъэIу Iэсэ - фарзщ.
Сырыху и щхьэгъусэр пасэу дунейм ехыжат, илъэси 4 - 5 ныбжьым ит зы хъыджэбз цIыкIу къыхуэнэри Нур… арат а цIыкIум зэреджэр. Ар зэрыхужьыбзэм щхьэкIэ фIащауэ и гугъэт Iэсэ. Зэанэзэпхъур я деж къыщыкIуэ зэзэмызэм нанэ Iэнэм бгъэдигъэтIысхьэрти, игъашхэрт. Ауэ зэ шхэгъуэ зэфIэкIыртэкъым хьэргъэшыргъэншэу. Нур ямылейуэ укIытэхт, фIырыфIкIэ ерыскъым пхухэIэбэнутэкъым. ЗытрагъэтIысхьа шэнт щхьэгуэм и лъакъуэ цIыкIуитIыр къедзыхауэ еплъыхыу щыс мыхъумэ.
 Сырыху зыкъомрэ и пхъур хигъэзыхьырт. Щымыхъужыххэм, стIолым щхьэпрыIэбыкIыурэ Нурым и нэкIу хужьыбзэ цIыкIур зэприхулэкIын щIидзэрт. Ар зэтэм, тIэутэм удэкIуэтэнт… Модрей тхьэмыщкIэри апщIондэху IукIэ пыхьэрт - макъ иригъэщIмэ, нэхъ Iеижу къытехуэнут. Ар зылъагъу Iэсэ и гур къызыфIэзэрыхьыху хьэку джабэм щыму кIэщIэс и гуащэм хуеплъэкIырт, зыри зэрыжимыIэм иризэгуэпу.
      Нанэ зыри щIыжимыIэр абы къыгурыIуэн щхьэкIэ псы куэд ежэхын хуейт…
 Ауэрэ Нури балигъ хъуащ, унагъуэ хъарзыни ихьэри, бын цIыкIуитIи игъуэтыжащ.
ЩIымахуэр жьычщ. Пшапэ зэхэуэгъуэм нэхъри зибзащи, Iупсыр бдзам щIым нэсыркъым, жыхуаIэм хуэдэщ. Жэщ псом ягъэсыну пхъэ къута IэплIэр хьэкубжэм деж зэгъэкIуауэ щызэтрилъхьэри, Iэсэ къетIысылIэжащ. Куэбжэр игъэбыдэжынущи, фIэпасэщ - пщIэнукъым къэкIуэнур…
 Абы хэту, мо борэн щIыIэр унэм къыщIэуэу, бжэр зыгуэрым къыIуех, къыIуехри, псынщIэу, и кIэр пач жыпIэу, унэм зыкъыщIедзэ. Сырыхут ар. КъешэкIыпауэ щыгъ цыджанэ техъухьа тIэкIури зэIудзарэ, уэсыр къелъэлъэхыу итт ар унэкум.
 - Мыр сыт, Сырыху, дэнэ укъикIа мы жэщыбгым. Сыту Iей мыгъуэуи щIыIэм уиса… Iэсэ адэкIэ жиIэнуми нимыгъэсу занщIэу езы тхьэмыщкIэр жэри щхьэщыуващ пщтыру къызэщIэплъа пэшхьэкум. ЩIыIэр зыдыхьа IитI фIэуплъыжьыкIар еIуэт мыгъуэри, еIуэт. АпщIондэху Iэсэ зепIытI-зехуз, Сырыху щIыIэм зэрисам и къуэншагъэ гуэр хэлъ хуэдэ. Зы зэман зэ зыкъищIэжа нэужь, ар етIысэхащ хьэку джабэм кIэрыт шэнт щхьэгуэ цIыкIум.
- СыкъэкIуащ, тхьэ, сыкъэвмыгъэкIуэнуми, сыкъэкIуащ, - абы нэхъ къыфIимыгъэкIыу Сырыху къикъугъыкIащ.
 - Ар щхьэ жыпIэрэ, дунейм сыткIэ уи жагъуэ тщIа? УмыкIуэжыххэу щIымахуэ псом укъытхэсакIэщэрэт, мыпхуэдэу щIыIэм зебгъэс нэхърэ - Iэсэ къэгузэвауэ жэщ хьэщIэм йоплъ. Зы тэлай дигъэкIри Сырыху ину къикъугъыкIащ: «Нур сиIэж мыгъуэ фи гугъэрэ… щIэслъхьэжащ...»
Абдеж щегъэжьауэ гугъуехь мащIи и фэм дэкIакъым зи закъуэу дунейм къытена анэ тхьэмыщкIэм. ЗэрахузэфIэкIкIэ цIыхури къыпэIэбэрт абы. Езыри тIысыжу щысынухэм ящыщтэкъым. Тхьэр узыншагъэ хъарзынэкIи къыхуэупсати, гъатхэр хъуамэ, унагъуэхэм кIуэурэ я хадэр пщIэкIэ къахуитIырт, Iуэху цIыкIуфэкIухэр къахурихьэлIэрт. Абы пэкIуэ ахъшэ тIэкIу къыхуашийкIи къазэрыIихын щыIэтэкъым - ар лэжьыгъэ гуэркIэ ипшыныжын хуейт. И пщIэнтIэпс хьэлэлкIэ кърихьэлIэ сомыр химыгъэз Iауэ, и пхъурылъху цIыкIуитIым яхудидзыхырт.
Гъатхэр къихьа къудейуэ Сырыху нанэ къылъитIысхьащ, уи хадэри къэзгъэтI, жери. Нанэ япэ щIыкIэ зытригъэхьакъым - мо тхьэмыщкIэм и къарум щысхьырт. АрщхьэкIэ Сырыху къыпщишари, Тхьэр къыпщишари зыт, хуей-хуэмейми къытригъэхьащ нанэ.
 Тхьэмахуэ пIалъэм Сырыху мо хадэшхуэр щыщ къэмынэу къигъэбэтащ. Ахъшэ зэIэпыхыгъуэм щынэсым, Iихын идакъым, зы махуэ сыкъыщыкIуам мо уи масталъэм илъу слъэгъуа дыжьын метихыр тIэпщIэу къызумытым сылIэм и гъунэщ, жери. « Ан- на, а жыпIэр сыт телъыджэ? АпхуэдизыщI мыгъуэр къару закъуэкIэ къомыгъэбатэу, уи жьэм къурт жьэдэлът, къызжепIамэ, уэстынти…
 Нанэ хуегъэхыртэкъым зэрымыщIэ защIэкIэ къэхъуа Iуэхур. Ауэ итIани егупсысыжащ - тIум щыгъуэми Сырыху жиIам пхутекIынутэкъым. Дуней гуфIэгъуэр зэрихьэу, вакъэнжей IуданэкIэ быдэу зэпха мет хъурей цIыкIуихир къищтэри, и шыкIэ мафIэ егъэуауэ дэкIыжащ.
 Пхъэгъэсын зимыIэ Сырыху щIымахуэр ди деж щрихын хуей хъуащ. Ар махуэкIэ кIуэжурэ и унэ тIэкIум щыIэбэрт, уэздыгъэ щIэгъэнэгъуэм щынэсым къигъэзэжырти, хуабэу къытхэлът. АпхуэдизкIэ унагъуэм исыр есэжати, а къыщымыкIуэж зэзэмызэм къагузэвыр нэхъыбэт, ауэ Iэси нанэ зэи еупщIыртэкъым ар здэщыIамкIи щIэгувамкIи. Сыт хуэдэ зэманым къахэмыхьэми, гуапэу пежьэрт, пщыхьэщхьэшхэр ирагъэщIырти, ягъэгъуэлъыжырт.
Пщэдджыжь гуэрым, Сырыху дэмыкIыжа щIыкIэу, пщIантIэм хуэмурэ къыдыхьащ хьэпшып къэзышэ автолавкIэр. Iэсэхэ я лъапсэр шы къыщыбгъэфэну инт. Апхуэдэу пщIантIэкум итт унэ зэгуэтышхуэ. Къуажэ тыкуэнхэр япэу къызэIуахын щыхъум, абы щыщ унитIыр къащтат, Iэсэ и щхьэгъусэр тыкуэнтету щIагъэувэжри. Ар дэни щызекIуэ хабзэт, нэхъ унэ хэIэтыкIа зиIэхэм я деж къэралым и сату щIапIэ къыщызэIуахын хуейуэ. АвтолавкIэм дунейм тет хьэпшыпыр кърахри, дэкIыжащ. Сырыхуи абыхэм кIэщIу яужь иту щыдигъэзыкIыжым, абы гу лъызыта Iэсэ и щхьэгъусэм Iэ хуищIри тыкуэнымкIэ щIишащ.
     Куэд дэмыкIыу ар къыщIокIыж, хъурыфэ пщампIэр дыгъэм пэлыду зытелъ пэлъто фIыцIэ дахащэ щыгъыу. Ар а дакъикъэм къаша хьэпшыпхэм щыщу, Хужь къритауэ арат. Мыдрей тхьэмыщкIэри, дунейр хуримыкъуу унэм къыщIэлъэдэжри, къекIуа нэпсыжэр щIилъэщIыкIыурэ, псори иригъэплъащ къыхуащIа тыгъэм. Iэси абы и пэлъто пщампIэр дахэу хузэригъэзахуэщ, щIыIэм кудрэ хэмыту, нэхъ пасэу къэкIуэжыну елъэIури, дигъэкIыжащ.
Гъатхэ хуегъэзэкI хъуарэ, щIыIэри нэхъ къиутIыпщауэ, Сырыху и унэм игъэзэжащ. Апхуэдизу къегугъуа унагъуэм яхэкIыжа щхьэкIи ибгынэртэкъым, щIэх - щIэхыурэ къакIуэрт.
Апхуэдэу махуэ гуэрым Сырыху пIащIэу къыдыхьащ, Джылахъстэней сокIуэри гъуэгу сытетщ, жери. И пхъурылъху цIыкIуитIым щIымахуэ псом емытIысэхыу яхузэхуихьэса ахъшэ тIэкIур яIэригъэхьэну арат. Абдеж и жыпым кърихри дищ къыIэщIилъхьащ Iэсэ, мыр Iэмал имыIэу хэсэ, жери. ИтIани къыщIигъужри… сэ сылIэмэ, къыскIэлъыIэбэну зыри сиIэжкъым, мы дейр ин хъууэ къыпыкIэн щIидза нэужь, Тхьэм Сырыху и псэм лъигъэс жыфIэурэ фшхы. Ар сэ схуэлэжьэнщ зыкъуомрэ, жери дэкIыжащ, абы нэхъ къыфIимыгъэкIыу.
 Махуэ зытIущи дэкIауэ, Хужь къыщыдыхьам, гуауэр арыншами къызэрыщ и нэгур нэхъри зэхэуат. Ихьыпэрт ар сабиитIым я гупсысэм. Сыт яхуимыхьми, яхуимыщIэми, и гум псэхугъуэ игъуэтыртэкъым. А а а… си Нур мыгъуэ, сыту уи гуэныхь куэд стелъ… Ар жери, хьэлъэу хэщэтыкIащ ар, и щхьэ хуэпсэлъэж щIыкIэу. Дыгъуасэ лъандэрэ си гум къэкIауэ сызэгупсысыр пщIэрэ? - зыхуигъэзащ абы нанэ. Си пхъур куэдрэ сыукIыу щытащ, фэри фощIэж. Иджы жэщми махуэми ар згъэзэкIуэжа зэрыхъунум согупсыс. СабиитIыр жысIэнти, си деж зейхэм къагъэсыххэнукъым. СакIэлъыкIуэнуи, яхуэсщIэн Iауи зэрыхуэмейр къызагъэщIэпащ. АтIэ сыт иджы сэ къысхуэнэр? Къысхуэнэращи, пщэдей щегъэжьауэ, гъащIэу Алыхьым къызитар сыухыху сынэщIынщ…
 Ар зэхэзыха нанэ зэуэ къэуIэбжьащ, а жыпIэр сыт телъыджэ - на, жери. Пэж дыдэу абы и жэуапыр нанэкIи хэткIи къэгъуэтыгъуейт.
 Мурад ищIам тету Хужь нэщIын щIидзэри, илъэсищ ен кърихьэлIауэ, дунейм ехыжащ. ЛIэкIафIэт тхьэмыщкIэр, махуэ гуэрым ар гъунэгъухэм къагъуэтыжащ, и пщIантIэм дэт тетIысхьэпIэ тIэкIум егъэщIарэ, жейуэ фIэкIа ямыщIэу, и псэр хэкIауэ тесу… Гъатхэт, дунейм и дахэгъуэу, дыгъэпсышхуэт…
Абы лъандэрэ псы куэд ежэхащ. Псыхъуэ лъэгум хуеплъыхыу хадэм и курыкупсэм итщ, къудамэшхуитIу зэгуэкIарэ, и щхьэкIэ къэракъэм унэмыплъысу жыгышхуэ. Ар зэгуэр Сырыху къриту Iэсэ хригъэса дейрщ. Гъэ къэс жыг лъабжьэр уимыгъэлъагъуу абы къыщIэлъалъэ дэр жьыгъей цIыкIущ, адрейхэми ямыщхьу. Унагъуэм исым абы щыщу зы дэ къащтэху, Сырыху тхьэмыщкIэм и псэм лъысыну Тхьэм хуолъэIу. Дейри жьы хъуну пIащIэркъым. Сыт щIа и лъакъуэм тегъэщIарэ и гупэкIэ къит Дыгъужьыкъуей мэзыжьым хуэплъэу ар зэрыщытрэ?! Зыри щыгъуазэкъым абы телъ къалэныр зыхуэдизымрэ ар щиухыну пIалъэмрэ.

Лъостэн Музэ.
Поделиться:

Читать также: