Къэмыхъуам ирипIейтейхэр

ГъэщIэгъуэнщ

2050 гъэхэм ирихьэлIэу дунейм цIыхуу тетым я бжыгъэр меларди 9-м нэсынущ.

- Апхуэдизыр бгъэшхэн щхьэкIэ нобэкIэ диIэ ерыскъыхэкIхэм нэхърэ процент 70-кIэ нэхъыбэ диIэн хуейщ,-жаIэ, Iейм еджэрэ, щIэмычэу цIыхухэм я тхьэкIумэм ар изымыгъэкIхэм, езыхэм къагупсысым фIэкIа гъащIэм и хабзэ имыIэж нэхъей. ГъэщIэгъуэнщ ягъэлъагъуэ бжыгъэхэм уахэплъэн къудейри.

Къапщтэмэ, къэралыгъуэ зызыужьахэм зы цIыхум зы илъэсым къыщылъос ерыскъыхэкIыу килограмм 900-м нэблагъэ. ЗыужьыныгъэкIэ абыхэм къакIэрыхухэм я деж а бжыгъэр хуэдитIкIэ щынэхъ мащIэщ -килограмм 460-рэщ зэрыхъур. Нэхъ гъунэгъуу Iуэхум дыбгъэдыхьэнщи, 2016 гъэм иужьу ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрыхэщамкIэ, цIыху мелуан 815-м нэблагъэр нобэ я ныбэ изу шхэн дэнэ къэна, мэжэщIалIэ дыдэхэщ. Абыхэм ящыщу мелуан 489-р зауэ щекIуэкI щIыпIэхэм щопсэу.

Апхуэдэ Iуэху щытыкIэми зыкIи емылъытауэ, дунейм цIыхуу тетым я проценти 9-м, ар мелуан 650-м нос, лышхуэ якIэрылъщ икIи ябзыщIыркъым ар абыхэм яшх шхыныгъуэхэм я куэдагъым зыкIи зэремыпхар.

АтIэ апхуэдэ Iуэху щытыкIэм дауэ ехъулIэрэ ерыскъыхэкIхэр къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэр?

Дуней псом щIыуэ щыIэм я процент 37-р мэкъумэшыщIэхэм къагъэсэбэп. Километр зэбгъузэнатIэ мелуан 52-рэ мин 500-р (Америкэм и континентитIри зэгъусэу зэрыхъум хуэдизыр) Iэщ хъупIэщ, километр зэбгъузэнатIэ мелуани 7-рэ мин 200-р гъавэ щIапIэщ.

Фошыгъу къамылу дуней псом илъэс къэс къыщрахьэлIэж тонн зы мелардрэ мелуан 900-рэ, гуэдзу тонн мелуан 760-рэ, прунжу тонн мелуан 500, кIэртIофу тонн мелуан 450-рэ.

Зэрыфлъагъущи, мыбдежым къыщахьыр цIыхухэм махуэ къэс къагъэсэбэп ерыскъыпхъэхэрщ.

ЕрыскъыхэкIыу нэгъуэщI къэралыгъуэхэм ирагъашэм (экспортым) и проценти 9,5-р Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къалъос икIи абыкIэ бжьыпэр яIыгъщ. ЕтIуанэ увыпIэм щытщ къэралышхуэкIи узэмыджэн Голландиер (проценти 6,8-рэ), ещанэм Германиер - проценти 5,7-р. Абыхэм къакIэлъокIуэ Китаймрэ (проценти 5,4-рэ) Бразилиемрэ (проценти 4,3-рэ).

Дуней псом зы илъэсым къриубыдэу къыщыщIагъэкI ерыскъыхэкIыу тонн меларди 4-м нэблагъэ.

ООН-м ерыскъыхэкIхэмрэ мэкъумэшымкIэ и зэгухьэныгъэм къызэрихутамкIэ, къэралыгъуэ зызыужьахэм зы илъэсым хуэзэу сом мелард 680-рэ и уасэ ерыскъыхэкI щыхыфIадзэ е щызэIохьэ, абыхэм псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ къакIэрыхухэм я деж а бжыгъэр мелард 300-м щыноблагъэ. Iисраф ящI апхуэдиз ерыскъым и Iыхьэ плIанэмкIэ цIыху мэжэщIалIэу мелуан 870-рэ пхуэгъэшхэнущ, жаIэ абыхэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, мэжэщIалIэу дунейм тетым куэдкIэ щIигъур.

ГъавэхэкI къудейуэ дуней псом щащIэм и процент 30-р, хадэхэкIымрэ пхъэщхьэмыщхьэмрэ я процент 40 - 50-р, лыхэкIымрэ гъэшхэкIымрэ я процент 20-р, бдзэжьейм я процент 35-р Iисраф ящI. А бжыгъэхэм я зэлъытыныгъэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, дунейм цIыхуу тетыр пхуэгъэшхэнущ, ерыскъым пщIэ хуэщIын хуейуэ аркъудейщ.

Нобэ щыIэ щытыкIэр плъагъун щхьэкIэ жыжьи укIуэн хуейкъым - псори щынэрылъагъущ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэм… АтIэ сыту пIэрэ цIыхур зэрыпсэу ерыскъым апхуэдизу елъэпауэу къыщIэнар?

Урысейм и телеканалхэм ящыщ зым «Хъыбар фIэщщIыгъуейхэр» фIэщыгъэм щIэт нэтыныр щезыгъэкIуэкI Пономарев Игорь и псалъэхэмкIэ жытIэнщи, «а хыфIадзэхэр ерыскъыуэ къыщIэмыкIынри хэлъщ»… Журналистым абыкIэ жиIэну зыхуеяр, дауи, гурыIуэгъуэщ.

2050 гъэхэм ирихьэлIэу цIыхур зыIууэнкIэ хъуну лъэпощхьэпо инхэм ящыщу куэд щIауэ къызэпхагъэIукI нэгъуэщI бжыгъэхэри, ауэ ар зэхьэлIар дунейр хуабэ зэрыхъуам къигъэткIу мыладжэхэм я зэранкIэ цIыху мелуани 8-м щIигъум щыпсэу щIыпIэхэр яхъуэжын хуей зэрыхъунурщ. Абы теухуа лэжьыгъэшхуэхэр мы зэманым ирагъэкIуэкI ди къэралым и щIэныгъэлIхэми.

Урысейм и географие зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ щIымрэ псымрэ иужьрей зэманым ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр яджыну «ПсыщIыIу университетхэр» къызэрагъэпэщащ. Абыхэм я япэ къэхутэныгъэхэр Арктикэм щаублауэ йокIуэкI. Япэу хэIущIыIу ящIа бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, 2100 гъэхэм ирихьэлIэу хышхуэхэм щIагъэнэнущ Нидерландхэм яIыгъ щIым и процент 47-р, Вьетнамым и процент 26-р, Таиландым и процент 12-р, Японием и проценти 10-р.

Зы илъэсым хуэзэу хышхуэхэр миллиметри 7-м щIигъукIэ къыдокIуей. 1993 гъэм къыщыщIэдзауэ 2016 гъэм нэсыху а бжыгъэр миллиметр 74,8-м нэсащ.

ЩIэныгъэлIхэм я къэхутэныгъэхэм щхьэхуэу къыщыгъэлъэгъуащ хышхуэхэм метри 5-кIэ зыкъаIэтмэ, абы и Iэужьыр зылъэIэсыну къэралыгъуэхэри, щIихъумэпэну хытIыгухэри.

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться: