Урысейпсо акцэм хэтщ

ФокIадэм и 7-м Новороссийск къалэм щежьащ «Вахта Памяти» урысейпсо акцэр. Мы гъэм ар хуагъэпсащ къалэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIагъэкIыжа махуэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу абы хэтщ республикэм и суд приставхэр. 
ТхьэмахуитIым къриубыдэу Суд приставхэм къэлъыхъуэныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм зауэ гуащIэхэр щызэхэта Колдун бгымрэ Сахарная голова бгым и Iэхэлъахэмрэ. Экспедицэм хэтыну Краснодар крайм щызэхуэсащ цIыху 200-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ и суд приставу плIы. 
Ведомствэм и гуп зэхэтым и командир, къэрал кIуэцI къулыкъум и лейтенант нэхъыщIэ Рахаев Сэлихь щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, КъБР-м и гупыр иджы япэу кIуауэ аращ «Вахта Памяти» зэхуэсым. «Ди дежкIэ Урысейпсо акцэр, псалъэ мыхъуу, атIэ Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я фэеплъыр хъумэным, Дзэ Плъыжьым и сэлэтхэм зэрахьа лIыгъэр мыкIуэдыжыным, абыхэм я Iыхьлыхэм ядэIэпыкъуным хэлъхьэныгъэ хуэтщIыкIынымкIэ хэкIыпIэщ», – къыхигъэщащ абы. 
«Вахта Памяти «Новороссийск-2022» урысейпсо акцэр фокIадэм и I8-м иухынущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда совет сэлэтхэм я къупщхьэлъапщхьэхэр пщIэ хуащIу щIалъхьэжынымкIэ, апхуэдэуи ЛIыхъужьхэм я утыкум иIэ «МыкIуэдыжын щIыхьым и мафIэ» фэеплъым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъынущ. 
ФщIэн папщIэ: Урысей ФССП-м и къэлъыхъуэныгъэ зэщIэхъееныгъэр къежьащ 2010 гъэм. Абы лъандэрэ суд приставхэм ирагъэкIуэкI Хэку зауэшхуэм хэкIуэда сэлэтхэм я хъыбар къэлъыхъуэныр, архивхэм щолажьэ. Волонтёр Iуэхухэр IэнатIэм и лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкI я зыгъэпсэхугъуэм къриубыдэу. 

 

 

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: