Хъыбар гъэщIэгъуэн

 Мысырым щыщ дин щIэныгъэлI, щихъ Абдул Кафи Умар Совет Союзым щэхуу диныр щызэрахьэу зэрыщытам теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн къеIуэтэж.
- Урысейм къикIа щIалищым совет зэманым теухуауэ зы хъыбар гъэщIэгъуэн къызжаIэжащ. Къуажэ псом зы КъурIэн фIэкIа дэлътэкъым. НэгъуэщI ямыIэу арат. ЦIыхухэм махуэ къэс пхъэидзэ ящIурэ, зи пхъэ къикIа насыпыфIэм КъурIэныр жэщ псом иIыгъыну хуитт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ коммунист властым ямыщIэу КъурIэныр зэIэпахыу щытащ СССР-р къутэжыху. А зи гугъу сщIы щIалэхэр Iэл-Iэзхьэр университетым щеджэу арат. Илъэс 90 хъуа я адэшхуэр дунейм ехыжа нэужь, щIалэхэр ар щIалъхьэну кIуащ. Жэназым къекIуэлIахэм тхьэрыкъуэ хужьхэр ящхьэщымыкIыу къалъэтыхьырт, къекIуэлIа псоми мэ IэфI къащIихьэрт. ЩIалэхэм ар ягъэщIагъуэу я анэшхуэм деж кIуэхэри, еупщIащ: «Сыт дадэ адрейхэм ямыщIэу ищIар?» «Зы хьэрып псалъи ищIэртэкъым, КъурIэнми къеджэфыртэкъым, - къажриIащ я анэшхуэм. - ЕгъэджакIуэ щыIэтэкъым а зэманым. Ауэ пхъэидзэ ящIу КъурIэныр къыщIэрыхьэхэм деж ищIэр фщIэрэт? ЩIыбыр кIыфI зэрыхъуу, КъурIэныр къызэгуихырти, псалъэ къэс и лъабжьэм и Iэпэр трилъхьэурэ, езым и анэдэлъхубзэмкIэ жиIэрт: «Алыхьым и псалъэр лъагащэщ! Алыхьым и псалъэр лъагащэщ! Алыхьым и псалъэр лъагащэщ!» ХьэрыпыбзэкIэ къеджэфыртэкъыми, тхылъ лъапIэм апхуэдэ щIыкIэу икIырт. Мис апхуэдэу КъурIэным къеджэу и псэр хэкIащ».
Аращ лIэкIэ махуэкIэ зэджэр.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: