Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и нэщэнэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъур ди республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ. ЩIыналъэм хыхьэ щIыпIэ псоми зэдэууэ щаIэтащ а гуфIэгъуэр, ди цIыхухэр зэрызэкъуэтыр, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ и телъхьэу зэрыщытыр къагъэлъагъуэу.
А махуэшхуэм тегъэпсыхьаIуэхугъуэ куэд дэнэкIи къыщызэрагъэпэщащ тхьэмахуэ блэкIам. Апхуэдэхэт къыщыщIэдзауэ зэхыхьэ гуапэхэр, щагъэлъэпIащ нэхъыжьыфIхэр, лэжьыгъэм къыхэжаныкI IэщIагъэлIхэр, щагъэгушхуэащ къэкIуэнур зей щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ.
ДэнэкIи хуэдэу, Аруан щIыналъэми щаIэтащ гуфIэгъуэр. ЩIыпIэм щыпсэухэри жыджэру хэтащ республикэ махуэщIым, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ я гумрэ я псэмрэ щыщIэу. Районым и лIыкIуэхэр хэтащ Абхъазым и утыкум фокIадэм и I0-м къыщызэрагъэпэща Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ махуэшхуэу «КъБР-I00» фIэщыгъэр зиIам. Аруандэсхэм абдеж щаухуа лъэпкъ щэнхабзэ пщIантIэ цIыкIур адрейхэм къахэщу къыпщыхъурт, апхуэдизу щIэщыгъуэу, къызэрымыкIуэу уIуплъэрти. Махуэшхуэ гъэлъэгъуэныгъэми цIыху куэд екIуэлIащ. А псори зылъагъу ди цIыхухэми хьэщIэ лъапIэу республикэм къеблэгъахэми мымащIэу къахэкIырт Аруан щIыналъэм и пщIантIэм деж хэхауэ зыщызыIэжьэ, гъэлъэгъуэныгъэм хэлъ хьэпшыпхэм нэхъ гъунэгъуу щыгъуазэ зыхуэзыщIхэри куэд хъурт. Гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтым къызэщIиубыдэрт адыгэхэм ижь зэманым зэрахьэу щыта пасэрей хьэпшыпхэр, хьэкъущыкъу хьэлэмэтхэр. Апхуэдэу абы щыплъагъурт Аруан щIыналъэм щылажьэ сабий творчествэмкIэ еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я гъэсэн цIыкIухэм махуэшхуэм ирихьэлIэу ягъэхьэзыра лэжьыгъэхэри.

 КъинэмыщIауэ, хьэщIэхэми налшыкдэсхэми бысымхэм хьэлэл къыхуащI лъэпкъ шхыныгъуэ щIэщыгъуэхэм ящыщ зыIуагъэхуащ.
 Аруан щIыналъэм и щэнхабзэ IухущIапIэхэм и лэжьакIуэхэм, щIыпIэм и курыт школхэм я гъэснхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэри хьэлэмэт ящыхъуащ куэдым. Ахэр хэтащ утыкушхуэм щекIуэкIа махуэшхуэ концертым. Абыхэм ягъэзэщIащ хэкурпсэ уэрэдхэр, къеджащ усэхэм, лъэпкъ къафэхэр екIуу ягъэзэщIащ. Абы и щыхьэтт къызэхуэсахэм абыхэм хуаIэт Iэгуауэ иныр.
Ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэ лъэщым и нэщэнэ дахэу екIуэкIащ махуэшхуэ зэхыхьэхэр.

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: