Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм ЗЭРЕХЪУЭХЪУР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэмкIэ сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу. Мы махуэшхуэр епхащ адыгэ лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм, абы къегъэлъагъуэ ар и анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр, псэкупсэ къулеягъыр, хабзэр ихъу­мэну, зыужьыныгъэм адэкIи хуэкIуэну зэрыхущIэкъур. Ап­хуэ­дэуи и дамыгъэщ мамырыгъэм, гуапагъэм, захуагъэм, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ зэкъуэтыныгъэмрэ псэкупсэ къулеягъымрэ.
Адыгэхэм къакIуа гъуэгуанэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ Урысейм и тхыдэм. Ди лъэпкъыр иропагэ икIи ирогушхуэ ди Хэку тхыдэм и напэкIуэцI нэхъыфIхэр къэзыгъэщIа нэхъыжьыфIхэм яхэлъа лIыхъужьыгъэм, хахуагъэм, пщIэ лъагэ хуащI Урысей къэралым лъэпкъым и зыужьыныгъэм хуищIа, мы зэманми ­хуищI хэлъхьэныгъэм. Си фIэщ мэхъу Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр гъэлъэпIэныр а лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр дяпэкIи ­хъу­мэным сэбэп зэрыхуэхъунур, Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэу­хэм я зэгурыIуэныгъэр нэхъри зэрыщIигъэбыдэнур.
 Сынывохъуэхъу а гуфIэгъуэ махуэшхуэмкIэ икIи узыншагъэ, мамырыгъэ, гуапагъэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ фиIэну си гуа­пэщ.

 

Поделиться: