Лъэпкъхэм я нэхъ уардэр щыпсэу лъахэ

Мыгъэрей фокIадэ мазэр ди республикэм и дежкIэ адрейхэм хуэмыдэжу гъэнщIащ щIыналъэм, абы щыпсэухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ дахэхэмкIэ. Куэд щIакъым зэ­дэууэ зэрыдгъэлъапIэрэ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым къэ­ра­лы­гъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъуар. ДыщыгуфIыкIыу тIэтащ ЩIэныгъэхэм я махуэр, республикэм и къалащхьэ Налшык и махуэр. Иджы дыгъуасэ лъандэрэ гукъы­дэжрэ дэрэжэгъуэрэ къыдиту дыхэтщ Адыгэхэм (шэрджэс­хэм) я махуэр гъэлъэпIэным.

Дунейм адыгэу тетым мы гъэм ебгъуанэу зэдаIэт а махуэшхуэр. Адыгэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ лъэпкъыр зэкъуэгъэувэныр, абы и блэкIам пщIэ хуэщIыныр, и къэкIуэнум хьэлэлу телэжьэныр, а фIыгъуэ псори дзыхь зыхуэпщI хъуну щIэблэ узыншэ лъахэм ­къигъэтэджэныр. А гупсысэхэр япэ щрагъэщ зэIущIэ купщIафIэ куэд мы махуэхэм щокIуэкI ди республикэм. Апхуэдэхэщ щIэ­ныгъэ зэхуэс купщIафIэхэр, концерт хьэлэмэтхэр, гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр, спорт зэ­хьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
Махуэшхуэпежьэ пшыхь дахэ дыгъуасэ къыщызэрагъэпэщащ Налшык дэт Музыкэ театрым. Абы кърихьэлIат КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ ­Татьянэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI ­Мусуков Алий, КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, республикэм и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я пашэхэр, къэрал IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, а Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр, щIыналъэм и нэхъыжьыфIхэр, нэгъуэщIхэри.
Концертым къекIуэлIахэм яфIэ­хьэлэмэт хъуащ махуэш­хуэм къыхузэрагъэпэща «Адыгэ­хэр. ЛIэщIыгъуэхэм уакIуэцI­рыплъ­мэ» фIэщыгъэр зиIа гъэ­лъэ­гъуэныгъэ иныр. Абы щы­плъа­гъунут ижь-ижьыж лъан­-
­дэрэ адыгэхэм къыддекIуэкI лъэпкъ Iэмэпсымэхэр, Iэщэхэр, фащэ­хэр, ди тхыдэр къы­зы­хэщыж, адыгэм ди цIыху пэрытхэр къы­зэрыщ сурэт дахэхэр, тхылъхэр, альбомхэр, нэгъуэщI къыдэкIыгъуэ хьэлэмэтхэр. А псоми наIуэ къащIащ лъэпкъым къикIуа ­гъуэгуанэр къызэрыгуэкIыу зэ­рыщымытар: и бзэр, хабзэр, щэнхабзэр ­ихъумэжы­-
ныр игъэнэхъапэу, ар гугъуехьрэ ­гуауэ куэдым зэ­рыпхыкIар, и щхьэ имыгъэ­лъахъшэу, и нэ­мыс­рэ и пщIэрэ ихъумэжу.
Гукъинэжу екIуэкIащ гуфIэгъуэ пшыхьыр. Ар къызэIуахащ ­КъБАССР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим и «Адыгэ Хэку» усэ цIэрыIуэмкIэ, езыр къеджэжу плёнкэм тратхауэ щытамкIэ. Гури псэри зыхьэху макъ щабэм имытхьэкъуа щIэсакъым пшыхьым.
Зеич лантIэу гъэшыгъуафIэ,
Си адыгэ хэку,
Хэку гъэфIэну сиIэ закъуэ,
Си адыгэ хэку.
… Уи жьэгу мафIэ
 щыужьыхым,
Си адыгэ хэку,
Дэп жьэражьэ
 сыпхуэхъункъэ,
Си адыгэ хэку.
… Зы уIэгъэ уэ къыптехуэм,
Си адыгэ хэку,
УIэгъищэу зыхызощIэ,
Си адыгэ хэку.

Апхуэдэу къызэIуаха нэужь, пшыхьыр езыгъэкIуэкIхэу КIэхумахуэ ФатIимэрэ Теунэ Джэ­малрэ абы кърихьэлIахэм фIэ­хъус гуапэ ирахащ. Абыхэм япэу псалъэ иратащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ, ныбжьэгъу лъапIэхэ, ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ, ди хьэщIэ лъапIэхэ! Нобэрей махуэр лъэпкъым иIэным куэдрэ щIэхъуэпсащ япэ ита нэхъыжьыфIхэр. Абыхэм ящыщщ ди республикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ. Зи IуэхущIафэ дахэхэр лъэпкъым ноби ящымыгъупщэ хэкупсэ нэсым и зэфIэкI куэд ирихьэлIащ адыгэхэми ди щIыналъэм щыпсэу адрей лъэпкъхэми зэпэщыныгъэ, мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ яку дэлъу псэу­ным. Абы ирихьэжьа Iуэхухэр адэкIэ ягъэкIуэтащ ди щIыналъэм и пашэу щыта дэтхэнэми, - къыхигъэщащ Сэхъурокъуэм и псалъэм. - Адыгэхэр щопсэу дунейм и щIыпIэ куэдым, атIэми, дэ дызэрощIэ, дызэролъагъу, зэпы­щIэ­ныгъэфIхэр ди зэхуаку дэлъщ ди лъэпкъым и жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, и фIыгъэкIэ. Абы и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зэIущIэ иджыблагъэ екIуэкIащ. Зэхуэсым къыщащта унафэхэр хуэгъэпсащ лъэпкъым и зыужьыныгъэм. Ахэр адыгэ псоми тхуэфIын Тхьэм ищI! Нобэрей махуэшхуэмкIэ си гуа­пэу сынывохъуэхъу псоми. ЩIэб­лэ узыншэ къытщIэхъуэу, ди зэ­къуэ­шыныгъэр нэхъри дгъэ­бы­дэу дызэбгъэдэтыну Тхьэм жиIэ!
ИужькIэ утыкур чэзууэ хуит хуащIащ ди щIыналъэ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я IэщIагъэлIхэм. Апхуэдэхэт зи макъ ­жьгъырумкIэ пшыхьыр зыIэта уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Ды­щэкI Артур, Зеущэ Iэуес, Бэчхэ Азэмэтрэ Ренатэрэ, Бэрэгъун Марьянэ, Теппеев Алим, Тхьэгъэлэдж Светланэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, нэгъуэщIхэри. Абы къыщеджащ адыгагъэм, лъэпкъ нэмысымрэ пщIэмрэ, анэ­дэлъхубзэм ятеухуа усэ дахэхэм. Лъэпкъ къафэ екIухэр ягъэ­зэщIащ «Шагъдий», «Вагъуэ цIыкIу» къэфакIуэ ансамблхэм.
ГуфIэгъуэ зэхыхьэр езыгъэкIуэкIахэр Iуэхум и кIэухыу ­гуапэу ехъуэхъуащ абы кърихьэлIахэми республикэм ис псоми узыншагъэ, зыужьыныгъэ, зэпэщыныгъэ зиIэ лъэпкъ уардэу дяпэкIи дыкъекIуэкIыну. Апхуэдэ псалъэ дахэхэм пыувэ хуэдэт усакIуэ цIэрыIуэ Шорэ Ахьмэд и усэм хэт сатырхэри: «Гъагъэ, бжьыфIэ, си Адыгэ лъахэ, Гугъэ нэхуу уиIэр уэ къыбдрехъуж. БгъэIун уи цIэр зы зэман плъэкIащи, Ар ди гъащIэ хабзэ хэткIи ирехъуж!» 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: