ДызэщIэзыгъэуIуэ зэхыхьэшхуэ

«Юбилейр - бгыхэм» автомобиль зекIуэм хэтхэм Шэрэдж районым щаIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми къикIа экипаж 50-м щIигъу.

Автомобиль къэжыхьым и лъагъуэр пхрашащ Къэщкъэтау къыщыщIэдзауэ Жэмтхьэлэ, Жэмтхьэлэ Ипщэ, Ташлы-Тала къуа­жэхэм, Хазнидон, Сукан уэххэм, адэкIэ Балъкъэр Ипщэм, Къэщкъэтау къекIуэлIэжу. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ Шэрэдж муниципальнэ щIыналъэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым АвтомотоспортымкIэ и федерацэмрэ.
«Псори иджыри зэ дызэщIэзыгъэуIуэ зэхыхьэшхуэу автомобиль зекIуэм хэтхэм захуэзгъэзащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым лъагъуныгъэу хуаIэм, зэкъуэтыныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ я хабзэр, мыхьэнэшхуэ зиIэ цIыхугъэр зэрыщыIэр къэзыгъэлъэгъуа къэжыхьыр зи жэрдэмхэмрэ абы и къызэгъэпэщакIуэхэмрэ фIыщIэ яхуэсщIащ», - КIуэкIуэ Казбек автомобиль зекIуэр иуха нэужь Телеграм-каналым щиIэ напэкIуэцIым щыжиIащ.

Мэзкуу Къан.
Поделиться: