Къуэжьыкъуей Ипщэми зекIуэр щыдаIыгъ

Кавказ Ищхъэрэм щыIэ адыгэ жылагъуэхэм ящыщу ипщэ лъэныкъуэмкIэ нэхъ пыIукIуэта дыдэу щысыр ди республикэм и Шэрэдж куейм хиубыдэ Жэмтхьэлэ къуажэрщ. Ар къурш­хэм я лъабжьэкIэ щыIэ мэзылъэ Iуащхьэхэм я куэщI дыдэм исщ. АтIэми, апхуэдэ щIыпIэр зи хэщIапIэ жылэр адыгэ лъэпкъым и тхыдэм пщIэ нэхъ щыхуащI къуажэхэм ящыщщ, дэ къызэрытлъытэмкIэ.

ЖытIам и щыхьэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ Бахъсэн щIыналъэм къы­щы­зэрагъэпэща шу зекIуэм зи гугъу тщIы къуажэм къыдэкIахэри зэрыхэтар.
ЗэрытщIэщи, а Iуэхум зыкърагъэхьэлIат Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хиубыдэ хэгъэгу псоми къикIа шухэр. Дыгулыбгъуей къуажэм ищхьэкIэ щыIэ Махуэгъэпс щIыпIэм къы­щы­щIэзыдзэу километр 12 зи кIыхьагъ гъуэгуанэу 910-нэ лъагапIэм нэсыр якIуащ абыхэм.
Фащэ ящыгъыу шу 525-рэ хъу зекIуэм хэтын папщIэ а жылэм и цIэкIэ кърагъэжьа щIалипщIыр зэщIэзыгъэуIуари зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэзыгъэпэщари Жэмтхьэлэ къуажэ администрацэм и унафэщI Дэхъу Артурщ. ГуфIэгъуэ щIыкIэм тету шухэр къэзыутIыпщари езыгъэблэгъэжари къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лэжьакIуэхэу Бозий Лерэрэ Къэгъэзэж Залинэрэщ.

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: