Зыри яIихакъым

 

  (рассказ)

Жэщ  псом зи  нэбдзыпэр  къемыха  цIыджан  фыз  хэкIуэтар,  нэхулъэ  къимыщIу  пщIантIэм  дэкIащ.  ПIащIэрт  ар.  Зыпси  щымыбауэ  уэрамыр    мащIэу  къегъэнэху,  къухьэпIэм  нэсыным  зы  бжьиз  фIэкIа  зимыIэж  мазэ  ныкъуэ  зи  хэщIыгъуэм.  Фызыр  зэм  а  мазэм  йоплъ,  зэми темыпыIэу  ироплъэ хэщI зимыIэ гъуэгуанэм, жэкIэ абы хигъэзыр гъуэгупэм  къыщыпыхъуэжу къыщыхъуу. Мазэми къыIэщIэухэ нур  фагъуэ  тIэкIур текIуэтмэ,  къытеункIыфIэпэнут дунейр.  Абы  нэмыс  щIыкIэ  жиIэрэт, бгъэгум  кIэрикъузэ щащыхум  шынапэурэ  и   кIапэр  къиIэтырти,  щIэх-щIэхыурэ  еплъырт. 

         КIыфI къэхъуащ, лъэ  макъ  езэшам и даущым  нэхъ  гъуси  имыIэу, сытми и  псэр  нихьэсащ а   здэкIуэм.  IэлъэщI  кIапэр  итIатэщ,  жьы  хуримыкъур фIыуэ жьэдишэри, темыгушхуащэурэ иунэтIащ  къыхуагъэлъэгъуа  бжэмкIэ.  Фызыр  и  пIэм  ижыхьащи,  псалъэ  къыхудэшейркъым.  А  иIыгъри  иIыгъщ,  имыутIыпщу.  Iэнкун  къэхъуа  дохутырым  цыджаныр  игъэтIысри,    быдэу  зэкIуэцIышыхьа  щащыхур  хуэмурэ  къыIэщIихащ.  Джэбын  фIыцIабзэ  ешыхьэкIауэ абы  кIуэцIылът  сабий.  Дохутырыр  занщIэу  теIэбащ -хуабэт псэ зэрыхэтыр къапщIэу. 

Сымаджэ  хьэлъэхэр  здэщыIэ  лъэныкъуэмкIэ зи  нэр  тедияуэ къэна фызыр  поплъэ,  тIууэ  зэгуэт  бжэшхуэр  къызэIуахыу,  «къытхуегъэлакъым»…  къыщыжраIэнкIэ  хъуну  дакъикъэм.  Ар  абы  зыкIи  щыгугъыжыркъым.  Аращ    щащыху  щIагъым  джэбын  фIыцIэри  зэрыхъукIэ  щIыщIигъэзэгъар.  Цыджаныр  гъыркъым: апхуэдизу  и  псэри,  и гури зэщIэзыубыда  гузэвэгъуэм  нэпсылъэр зэхуищIа  хуэдэщ.   НитI  мыупIэрапIэр  ауэрэ тежыхьыпащ екIуэкI  блын джафэм щыхиубыдыкIа  IэпапIэ  закъуэм.  ИтIани  зыкъещIэжри,  къэщтауэ,  а игъэхъу  бжэмкIэ  нэплъэгъуэр  едзыж.  А  зэрыщымщ.  ЩIэкIи,  щIыхьи  щыIэкъым…

  Зы  сыхьэтыфI   дэкIауэ  дохутырым  бжэр  къызэIуихащ.  Фыз  умэзэхар  мыхъейуэ  а  и  пIэм  итщ,  лъакъуитIым  пыжэбзыкIа уэсыпсым  хэту.

 - КIуэ,  кIуэжи,  зыгъэпсэху, - тхьэкIумэм  къиIуащ зыпэмыплъа  макъ  щабэ.  Зэхихар   и  фIэщ мыхъущэурэ   бжэмкIэ  иунэтIащ, псалъи пидзакъым, зыми щIэупщIакъым.

 Сымаджэщым  къыщIэкIыжа  фызыр  зыIыгъ  гулэгущтэр  иджыри  щхьэщыкIатэкъым.  А  дакъикъэм  абы  и  нэгу  къыщIэуващ  пIалъэкIэ    лэжьапIэ  жыжьэ  кIуауэ  къэт и  къуэмрэ  и  нысэмрэ.  Сыт  абыхэм  яжриIэнур?..  Дзыхь  къысхуэфщIу  къысхуэвгъэна  сабийр…Гур  аргуэру  къызэфIонэ.  Апхуэдизрэ  зызышыIа  нэпсыр  иджы  псыхьэлыгъуэу    къожэх гузэвэгъуэм къызэщIигъэплъа и нэкIущхьитIым.

Дохутырыр  унэми  мыкIуэжу    сабий  хьэлъэм  нэху  щыху  бгъэдэсыну  къэнат.  Ар  абы  нобэ  къиубла  хьэлтэкъым.  ПIэдзажэ тетIысхьэнутэкъым  ар,  и  IэмыщIэ  къихуа  сымаджэм  игу  хуэмызэгъауэ. ЖыпIэнурамэ,  гъунапкъэ  гуэрым  хуэкIуэ  мы  дуней  хьэлъэм  кIуэ  пэтми  щыкIэрыху  цIыхугъэмрэ  Iэзагъэмрэ  зэгъусэу  Тхьэшхуэм  иужь  дыдэу  зритыж  дохутыр  зэкъуэтIакъуэхэм  ящыщт ар.  Зэрылэжьа  илъэс  тIощIым  къриубыдэу  абы  и  деж къахьэса  зы  сабий  хьэлъэ,  тхьэрщ,  тхьэм  и  ужькIэ  абы  имыгъэхъужу  къэхъуатэкъым.  Ныжэбэ жэщри  арат,  абы  и  дежкIэ  зыкIи  адрейхэм  къащхьэщыкIыртэкъым. 

ТхьэмахуитI  зэхуакум  ягъэхъужащ  сабийр.  Ар  щIэзыхыж  анэшхуэр  дохутырым  и  деж  щIыхьэри,  къигъэхьэзырауэ  и  Iэгум  илъ   ахъшэ  тIэкIур стIол кIапэм  хутрилъхьащ, арщхьэкIэ а зэрытрилъхьам нэхърэ нэхъ псынщIэжу къыхуигъэкIуэтэжащ. Мыдрейми сыт  ищIэнт,  ахъшэр  къищтэжри хуэму  щIэкIыжащ.  Иджыт  ар  хуиту  дохутырым  и   нэгум  щиплъар: зи  щхьэцыгъуэр    лъэныкъуэкIэ  ежьэкIа  мо  щIалэ зэкIуж  щхьэпэлъагэм  нурыр  и  нэгум  къищырт. Куэди  къипсэлъыртэкъым  абы.  А  къыжьэдэкI  мащIэри  гуапагъэрэ  хуабагъэкIэ  гъэнщIат.

ЕтIуанэ  махуэм, дохутырыр  лэжьапIэм  къэса  къудейуэ,  бжэр  зыгуэрым  хуэмурэ  къыIуихри,  сакъыпэу  къыщIыхьащ.   Цыджан  фызырт  аргуэру  къылъихьар.

- Мыр  сыт,  къэхъуа  Iа  иджыри? – къэуIэбжьауэ  къеплъащ  дохутырыр .

- Хьэуэ,  хьэуэ,  псори  тэмэмщ,- жери  цыджаным  и  Iэпхъуамбапщэм  Iэрылъ  дыщэ  Iэлъынышхуэр  зыIэрихащ. Мо  мыщIэ  тхьэмбылыфэ  дахэр  зэ  фIыуэ  зэпиплъыхьыжри,    дохутырым  и  пащхьэм  ирилъхьащ, нэгъуэщI  мыхъуми мыр сIых,  Iейуэ  сынолъэIу, жери.

- ПсынщIэу  Iухыт,  сом  цIыхум  къеIысхыркъым,  ар  ипэ махуэм  къыбгурыIуа  сигугъати… - хутечакъым    дохутырыр  и  псалъэм.

- Плъагъурэ,  уэ  сабий  сымаджэу  къуахьэлIэр  уогъэхъуж.  Ауэ  уэ  езыр  уи щхьэм  зыкIи  уегугъужыркъым.  Уи  узыншагъэр… - цыджаным  и  псалъэр  пичащ,  IэпэкIэ мэскъалыр къригъэлъагъури.

          Дохутырыр  хагъэгупсысыхьащ  хэщэтыкIыпэурэ  щIэзыгъэзыкIыжа  цыджаным  и  псалъэхэм.  Пэжт  абы  къыжриIа  псори,  пыплъхьэни, пыпхыни  щымыIэу.  Зэрылэжьа  апхуэдиз  илъэсым  къриубыдэу  дапщэщыт  абы  тIысу  зыщигъэпсэхуар - къыхуэгубзыгъыжыркъым.  Отпуск  къудейм  и кIэм  нэсу  щыщагъэса  къэхъуауэ  ищIэжыркъым,  уеблэмэ.  Ар  и  нэ  къикIыу  зригъэгъуэта  IэщIагъэм  и  гъэр  нэс  хъуар  пэжт.  Ауэ  игъащIэм  щIэрыщIэу  къыщIидзэжу,  иджыри  зэ  хэдэжын  хуей  хъуами,  къыхихынур  ардыдэрт - зи  бзэр  хуиту  мыпсалъэ  сабийхэм  я  узыр  ящхьэщихынырт.  КIуэ  пэтми  унэмрэ  сымаджэщымрэ  яку  дэлъ  гъуэгуанэм  зызэхуишэурэ  къебзыхьэкIыпа хъуат.  Дуней  псор  иджы  абы  зэрилъагъур  гъуни  нэзи  зимыIэ  сымаджэщут.  Абы  щIэлът  и  гъащIэри,  япэу  къыхэщэIукI  сабийм  дигуэш  и  гуащIэри.

  ГъащIэм  и  лъэныкъуэ  куэдым хуэнэIуасэ хъуа  мо  цIыху  Iущым    и  гур  зэуэ  жащ     къыхутралъхьа  дыщэ  IэлъынымкIэ - цыджаным  дыщэ  ятыркъым,  ар  щхьэ  занщIэу  и  гум  къэмыкIарэ.  Апхуэдэ  тыгъэр  зыпэкIуэнкIэ  хъунур  е  фIыщIэ  ямылейт,  е  зытешыныхь  Iуэху  мынэрылъагъут.  А  мынэрылъагъур  зылъагъужу  щыIэри, тобэ ирехъуи, цыджан  фыз тхьэгурымагъуэм  и  закъуэт.  ХузэфIэкIырати,  абы  игукIи,  и  псэкIи  арэзыуэ  къыхуихьат,  куэд - мащIэми    бгъэдэлъ  къарумрэ  гуащIэмрэ.  Езыхэм  къызэралъытэмкIэ,  ар  игъащIэ  лъандэрэ  къыдекIуэкI    а  дыщэ  Iэлъыным  ихъумэрт. Иджы  ар  хьэзырт,  езым  зыкъигъанэу ар  псори  и  къуэрылъхур  къезыгъэла дохутырым  иритыну - Iихакъым…  

ИлъэситI  дэкIауэ  дохутырым  узыфэ  хьэлъэ  къеуэлIащ.  Абы  и  хъыбарыр  зэхэзыхауэ  ар  гущIыхьэ  зыщымыхъуа  куейм    къинатэкъым.  Арати,  цIыху  цIыкIум  Тхьэ  хуелъэIун  щIадзащ  ямылейуэ  фIыуэ  ялъэгъуа   дохутыр  Iэзэм.  ХуолъаIуэ  жьыри, хуолъаIуэ  щIэри.  Уеблэмэ дунейр  иджыри  нэсу  къызыгурымыIуа  сабийхэри  хуагъэлъаIуэ  узыр  щхьэщихыну.  Зыми  шэч  къытрихьэркъым  ар  къызэрызэфIэувэжынум.

- Апхуэдиз  сабийм  яхуищIар    дэнэ  кIуэн? - аращ  япэу  зи  жьэ  зэщIэзыхым  къыжьэдэкIыр. 

Зыкъомрэ  дохутырым игу узыншэр гъащIэм  щIэбэнащ; ауэрэ  гум  и  къарур иухри,  дунейри,  гъащIэри  фIэмыIэфIыж  хъуащ. Дунейм и хьэлъэр зыкIэрихыу жьыхум хуэкIуа теплъэр къезыхьэкIыр гурыIуэгъуейт. Дохутырым  и  щхьэр  пIэщхьагъ  зэрытрилъхьэрэ   «Я Алыхь,  нэхъыфIым  хуэдэу  щIы» жызыIэни къахэкIыртэкъым, абы бэлыхьу и фэм дэхуэр зылъагъу анэ  закъуэм  фIэкIа.  Псори  зыщIэлъэIур  ар  хъужу  къэтэджыжынырт.

ЗэкIуэлIэжын  хуейуэ  къыпэплъэмрэ,  зэпыу  имыIэу  цIыхум  ягъэш  тхьэ  лъэIумрэ зэпаубыдауэ  яку  дэт хуэдэт  псэ  тхьэмыщкIэр…

Махуэ  гуэрым  пщIантIэм  накIуэпакIуэу  зы  джэду  гъуэплъ  цIыкIу къыдыхьэри, псори  кIэлъыплъу  абы  иунэтIащ  сымаджэм и лъэIукIэ  пIэ  щыхуащIа  дэшхуей  щIагъымкIэ.  И  нэси,  и  дэлъеи  зыуэ,  ар  дохутырым  и  жьэгъум  хуэфIу  кIэщIэгъуэлъхьащ.  ПIэм  къеувэкIауэ  щытхэм  ялъагъур  зэрагъэщIэгъуэнур  ямыщIэу  йоплъ.  Зэи  ахэр  джэдур  къытрахуну  хэтащ. АрщхьэкIэ  пIэм  хэлъым  къахуидакъым,  и  гугъу  фымыщI,  щыхуейм  ехыжынщ,  жери.

 Уэ  гуэр  мыгъуэри  щхьэ  си  гъуэгупэм  укъыпэтIыса,  жиIэ  хуэдэ,  псэ  ешар  нэхъ  Iеижу  хэщэтыкIащ.    Узым  ебэныну къэкIуа  а  псэущхьэм  сыт  хуэдизрэ  зиIэжьэнуми,  сыт хуэдизрэ  езыр  абы  пэплъэн  хуейми  псэм  ищIэртэкъым.  Джэдур  къэнэпащ.  Ар  къызэрыкIуэрэ  дохутырым нэхъ  нэгу  иIэ  хъужауэ  къащохъу  зылъагъухэм. Къытехьэлъэ пэтми,  сымаджэр   къызэфIотIысхьэри,  ар  егъашхэ.  Ауэ  щыхъукIэ,  зы  ерыскъы щIыIэу  ирату  идэркъым,  гуэныхьщ,  жери.  Езы  сымаджэм  и  джийм  зы  хугу  хьэдзэ  зэремыхыжрэ  фIыуэ  щIащ.  Псы  тIэкIу  ирагъэжэхымрэ  къыхакIэ  хущхъуэмрэщ  къезыхьэкIыр. ИтIани,  а  джэдум  къыхуахь  шэ  фалъэм  япэ-  щIыкIэ  и  Iэпэр  хещIэри,   хуабэрэ  щIыIэрэ  зрегъащIэ,  итIанэщ  мо  кIэрымыкI  псэущхьэ цIыкIум  щыбгъэдигъэкIуатэр.

Узыр  щыятэм, дохутырым и лэжьэгъухэр къакIуэрт, сымаджэщым яшэрти, пIалъэкIэ зыIыгъыну хущхъуэр кърахьэлIэрт. Апхуэдэ махуэхэм ящыщ зым  ерагъыу  и  щхьэ  тIэкIур  къиIэтри,    лъэныкъуэкIэ  къыщыт  и  анэм  хуеплъэкIащ,  кхъыIэ  сомыгъашэ,  жери.  ДжэгуакIуэ  и  ныбжьэгъу  цIыкIухэм  я  деж  игъэкIуэну    анэм  елъэIу  сабийм  хуэдэт  ар  а  дакъикъэм.  Иджы  фIэкIа  ар  апхуэдэу  зыми  щIэлъэIуатэкъым.  Анэ  тхьэмыщкIэм  зыри  жиIакъым,  ищIэрт  мыкIуэу  зэрымыхъунур.  Дохутырхэм  машинэбжэр  зэхуащIыжыну    хунэмыса  щIыкIэу,  шэм хуэдэу  абы  зридзащ  Iэмалхуещэу  абдеж  дыдэм  щыс  джэдум. Кърахыжынущи,  зыри  зригъэIэбыркъым,  гъунэгъу  хуэхъум  къопIэстхъ, мэкIий. Сытми,  залымыгъэкIэ  кърагъэтIысы- кIыжри, дэIэпыкъуэгъу псынщIэм я машинэр дэкIыжащ.  Куэбжэпэм  къытена  адэ-анэ  тхьэмыщкIитIыр  хуэму  езыгъэзыхыжа «скорэм»  кIэлъыплъащ, уэрам захуэ ехым я нэм къыщимыубыдыжыху. Къыздамыщта  джэдур    а  зэрыкIийм  хуэдэурэ  пщIантIэм  дожри,  гъунэгъуу  яIэр  къызэхежыхь,  унэбжэ  къэс  зредз,  щIыхьэну  ныкъуакъуэу - зыщIыпIи  а  къилъыхъуэр  щигъуэтыжыркъым.

          А  махуэ  дыдэм  лъэпкъым  щыщ  зым  хьэщIэу  къыхуэкIуащ,  зы  азербайджан  цIыхухъу.  Унагъуэм  щIэсхэр  зытегузэвыхь  Iуэхум  и гугъу  щыхуащIым, абы  бысымхэм  къажриIащ,  и  щIыпIэм  зэрынэсыжу  а  щIалэ  сымаджэм  къурIэн  хуикIыну  зэрыхуейр.  Тхьэмахуэ  дэкIауэ  ар  къэпсэлъэжащ: « КъурIэным  сикIащ,  абы  и   жэуапри  къысIэрыхьэжащ. ЩIалэ  щхьэпэлъагэ  дахэ  пщIыхькIэ  къысхуэкIуащ,  сыту  Iеищэу  си  псэр  бгъэтыншыжа,  жери… ЩIалэ  хужь  щхьэцыгъуэ,  и  пщэм  дыркъуэ  мащIэ  телъу» - къажриIащ  абы  телефонымкIэ.

ПщIыхьэпIэр  зи  нэгу  щIэкIа  лIым  дунеягъэкIэ  сымаджэр  зэи  илъэгъуатэкъым.  А  ипщэ  дыдэм  дежт   дыркъуэр зытелъри...  А  телефон  псалъэмакъым  дакъикъэ  бжыгъэкIэ  и  пэ  иту  Заур – арат  дохутырым  и  цIэр -  дунейм  ехыжат.  Диину  хунэмысауэ  пщIантIэ  удзыпцIэм  хэлъу къагъуэтыжащ а сыхьэтыпэм  зи  псэр  хэкIа  джэдури. 

ЦIыху цIыкIум я тхьэлъэIур, джэдум и къарур, цыджаным и гъащIэ псом зэхуихьэса и гуащIэр зыхъумэу къилъытэ дыщэ Iэлъыныр… А псори тыхь хуащIат дохутырым-псэм яIихакъым…

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: