Бгъэ лышхым и нэщэнэхэр

Лышх узыфэхэмкIэ медицинэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэу Ростов къалэм дэтым и дохутырхэм жэпуэгъуэ къэс бзылъхугъэхэм ягу къагъэкIыж я узыншагъэм кIэлъыплъын, псом хуэмыдэу бгъэр кIэщI-кIэщIурэ къэпщытэн зэрыхуейр.

Бзылъхугъэхэм къеуалIэ лышх лIэужьыгъуэхэм я нэхъыбэр зыхуэзэр бгъэрщ. А узыфэ шынагъуэм и дамыгъэр лентI тхьэмбылыфэщ, хухаха мазэм щхьэкIи «Жэпуэгъуэ тхьэмбылыфэ» жаIэ. Мы мазэм ирихьэлIэу медицинэм и лэжьакIуэхэм дауэдапщэ, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкI, бгъэ лышхым ехьэлIа упщIэхэмрэ ар зэрагъэхъуж Iэмалхэмрэ къыщаIэту.

Дэтхэнэ цIыхубзми езыр зэIэбыжурэ къыхуэхутэнущ ныкъусаныгъэ иIэмэ. Лышх узыфэхэмкIэ медицинэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэу Ростов къалэм дэтым и дохутырхэм къраIуэ абы и нэщэнэхэр: бгъэм шыкъыр хэлъу къыпIэрохьэ, ар здыхэлъ щIыфэм и плъыфэм зехъуэж, бгъэр нэхъ ин мэхъу, лъынтхуэхэр нэхъ къытредзэ, щIыфэр пхыроху, цIынагъэ трещIэ, лимоныфэм хуэдэу гъуанэ цIыкIухэр къещI, быдзыпэр йопщхьэ, лъы уэтэпс къокI, блэгущIэм щIэт лимфоузелхэр мэбэг.

- Мы нэщэнэхэм ящыщ зы мыхъуми къэвгъуэтамэ, Iэмал имыIэу дохутыр-маммолог, гинеколог е онколог зэгъэплъын хуейщ. Абы къыдэкIуэуи зыщывмыгъэгъупщэ бгъэм къыхэува шыкъырхэр цIыкIумэ къызэрыпIэрымыхьэр. Гу лъумытэурэ, узыр хэтIэсэнкIэ зэрыхъунур. Аращи, бгъэм лышх къеуэлIауэ гурыщхъуэ фымыщIми, кIэщI-кIэщIурэ зыкIэлъыгъэплъыпхъэщ, УЗИ, маммографие, МРТ ебгъэщIмэ, ущыуэнукъым, - жеIэ Лышх узыфэхэмкIэ медицинэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэу Ростов къалэм дэтым и лэжьакIуэ Шатовэ Юлианнэ.

Псом хуэмыдэу зыхуэсакъын хуейщ лышхыр лъэпкъ узу зиIэхэр (анэм, шыпхъум, пхъум), рентген сурэт зытрахахэр, уэндэгъу узымыгъэхъу хущхъуэ ефэхэр, зи ныбжь хэкIуэта, гормон зэзыхьэлIэ бзылъхугъэхэр. Апхуэдэхэм илъэсым зэ зыкIэлъагъэплъмэ нэхъыфIщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ узыфэ шынагъуэм къыщIидзагъащIэу къыпхуэхутэнущ икIи пхуэгъэхъужынущ.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: