Иужьрей джэгуакIуэ

Адыгэ лъэпкъым и уэрэдыжьхэр, макъамэхэр мыкIуэдыжу хъума хъунымкIэ, ахэр къэхъу щIэблэм я деж нэ­хьэсынымкIэ лэжьыгъэфI ищIащ ХьэхъупащIэ Амырхъан и къуэ Хьэсэн. Псоми зэращIэщи, Хьэсэн и адэ Амырхъан адыгэ уэрэдыжьхэр, макъамэхэр куэду ищIэрт, шыкIэпшынэм Iэзэу еуэрт. ХьэхъупащIэ Амырхъан здэщымыIа, уэрэд щыжимыIа адыгэ къуажэ бгъуэтыну къыщIэкIынтэкъым. Апхуэдэу уэрэд­ус Iэзэм и макъ щызэхахащ Москва, Ригэ, Владикавказ, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми.

 Псом хуэмыдэу Хьэсэн гукъинэж щыхъуауэ щытащ адэм и гъусэу ТекIуэныгъэм и махуэр ягъэлъапIэу 1945 гъэм Москва щекIуэкIа зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм зэрыхэтар.

 ТхущI гъэхэм ХьэхъупащIэ Хьэсэн, ПщыхьэщIэ Мухьэжыр, Къуныжь Хьэждал, Къущхьэ Къанщобий сымэ зэгъусэу филармонием щылэжьащ. ЦIыхухэм фIыщIэ къыхуащIырт адыгэ уэрэдыжьхэр я гум къэзыгъэкIыж гупым. Псом хуэмыдэу ахэр къыхуэарэзыт и IэкIэ ищIа шыкIэпшынэм еуэурэ уэрэдыжьхэр къажезыIэ ХьэхъупащIэ Хьэсэн.

 ХьэхъупащIэ Хьэсэн ди адыгэхэм «джэгуакIуэ» жы­хуа­Iэу щытахэм я иужьрейуэ къэплъытэ хъунущ.

 Лъэужь нэху къызэринэкIащ ди щэнхабзэм куэд хуэзылэжьа а цIыху зэчиифIэм.

ХЬЭХЪУПАЩIЭ Хьэжбэчыр, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ. 1997 гъэ
Поделиться:

Читать также: