Нэхъри зеужь

«Россельхознадзор» IуэхущIапIэм и Кавказ Ищхъэрэ Управленэм и унафэкIэ «Налшык и зоопарк» МУП-м къратащ иIэ псэущхьэхэр нэгузыужьыпIэу щыт и IэнатIэм къыщигъэсэбэпыну хуит зэращIамкIэ пIалъэ зимыIэ дэфтэр (лицензэ).
 «Налшык и зоопарк» IуэхущIапIэр кIуэ пэтми йофIакIуэ зэпытщ: псэущхьэхэр щаIыгъ щIыпIэхэр (вольерхэр) иджырей мардэхэм тету щIэкIэ яхъуэжащ, зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм папщIэ тетIысхьэпIэхэр, беседкэхэр ягъэуващ, лъэс лъагъуэхэр плиткэхэмкIэ къращIыкIащ, IуэхущIапIэм и Iэхэлъахэм щежэх псыIэрышэхэм лъэмыж цIыкIухэр тралъхьащ. Зоопаркым ит гъэгъахэмрэ щхъуантIагъэхэмрэ хуэдэу дахэ къэгъуэтыгъуейщ.
Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр икIыху, а щIыпIэм щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкIащ псэущхьэхэмрэ къуалэбзухэмрэ ухэзыгъэгъуазэ зэIущIэхэр. Абыхэм хэтащ ди республикэмрэ нэгъуэщI щIыналъэхэмрэ щыщхэр.
 «Налшык и зоопарк» IуэхущIапIэм и инагъкIи, и дахагъкIи, абы хухаха щIыпIэкIи пэхъун Кавказ Ищхъэрэм ноби зэримытыр гуапэщ.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: