Гугъуехьыр IэщIыб мэхъуДыгулыбгъуей щаухуэ ЦIагъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым псы къагъэсэбэпар зрикIуэ бжьамийм папщIэ коллектор. 2004 - 2005 гъэхэм а щIыпIэм (Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрамым) щаукъуэдияуэ щытащ километри 3,7-рэ зи кIыхьагъ псы жапIэ, арщхьэкIэ Жылагъуэдэсхэм я лъэIукIэ щIыналъэ администрацэм республикэм и унафэщIыр апхуэдэ щытыкIэм щигъэгъуэза нэужь, икIэщIыпIэкIэ Iуэхур яублащ. Псы къагъэсэбэпар къызэрыдаш бжьамийр щIэлъхьэныр икIэм нагъэсмэ, къуажэм и зэхуэдитIым дежкIэ а гугъуехьыр IэщIыб хъунущ. КъищынэмыщIауэ, коллекторым пыбдзэ хъунущ а щIыпIэм хуэзэ еджапIэхэр, къулыкъущIапIэхэр. Псом нэхъыщхьэращи, жылагъуэм къабзагъэмрэ щIыуэпс щытыкIэмрэ щефIэкIуэжынущ. Лэжьыгъэхэр мы гъэм къриубыдэу зэфIагъэкIыну я мурадщ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
03.05.2024 - 13:15 →
Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж
03.05.2024 - 12:26 →
Я нэIэм щIэтынущ
|