ИкIэщIыпIэкIэ къыпэджэжащ

Ныкъуэдыкъуагъ зыбгъэдэлъхэм папщIэ щIыпIэ щхьэхуэхэр пандусхэм къызэрыхуэтым теухуауэ ЦIыхубэ фронтым хэтхэм Налшык къалэ администрацэм зэрызыхуагъэза лъэIум икIэщIыпIэкIэ къыпэджэжащ капитальнэ ухуэныгъэхэмкIэ администрацэм и инженер нэхъыщхьэ Къардэн Мурат.

ЩоджэнцIыкIум и уэрамым тет «Урысейм и пощт» къэрал IуэхущIапIэм хуэзэ транспорт гъэувыпIэм, куэдыр зэрыщыгъуазэщи, цIыху ныкъуэдыкъуэхэм хухаха гъэувыпIэ щхьэхуэ иIэщ, ахэр лъэс зекIуапIэм зэрытехьэну пандусхэр хуащIынущ.
КъБР-м и Правительствэм и унэм, ЗэгурыIуэныгъэм и утым, КъБР-м и Парламентым хуэзэ транспорт гъэувыпIэхэр къызэрыгъэувыхьа къэухьхэр утым уихьэнуми лъэс зекIуапIэм утехьэнуми зыкIи зэран мыхъуу лъахъшэхэщ. КъищынэмыщIауэ, мыпхуэдэ ухуэныгъэхэр зи пщэм дэлъ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм яIэщIэкIа ныкъусаныгъэхэр икIэщIыпIэкIэ зэрагъэзэкIуэжыным хуэдэу.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: