Дохутыр цIэрыIуэр Налшык щыIащ

Лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм къызэрагъэпэща «Здравствуй!» зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ КъБР-м аллергологиемрэ иммунологиемкIэ и центрым кърагъэблагъэри, абы махуэ лэжьыгъэ щрихьэкIащ педиатр-иммунолог, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Продеус Андрей.

Дохутыр цIэрыIуэм цIыху 30-м щIигъум я узыншагъэр къипщытащ. Абыхэм яхэтащ аллергие зиIэ, зи иммунитетыр ехуэха, зэман кIыхькIэ икIи хьэлъэу узым игъэсымаджэ сабийхэри балигъхэри. Центрым и IэщIагъэлIхэр и гъусэу Продеус Андрей дэтхэнэ зыми и щытыкIэм зыщигъэгъуэза нэужь, зэрызыкIэлъыплъыжынум, адэкIэ зэрызрагъэIэзэнум теухуауэ псоми чэнджэщхэр яритащ.

Профессорыр япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуауэ аращ, абы къыхигъэщащ республикэм аллергологиемрэ иммунологиемкIэ и центрым зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр зэрыщылажьэр.

ЩIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и унафэщIхэм я мурадщ дяпэкIи къалэшхуэхэм щылажьэ дохутыр цIэрыIуэхэр кърагъэблэгъэну. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр щхьэпэ хъунущ республикэм и медицинэм и лэжьакIуэхэм я Iэзагъым хагъэхъуэнымкIэ, я зэфIэкIым зиужьынымкIэ.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: