ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм щIилъэфа кхъухьхэм я зэран къыдокI

ЦIыхум и зыужьыныгъэм щIыуэпсым къытринэ Iэужьым и зы щапхъэщ ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм щыгъуэ псым щIрагъэлъэфа кхъухьхэр нобэ зэран къызэрытхуэхъужыр. А кхъухьхэр дапщэ хъуми, сыт хуэдиз лагъым илъами зыми ищIэркъым, ауэ псым и экосистемэр зэрызэтрикъутам шэч хэлъкъым. 

Абы теухуауэ Бельгием и Гент университетым и щIэныгъэлIхэм Frontiers in Marine Science журналым тхыгъэшхуэ къытрагъэдзащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Ищхъэрэ тенджызым Бельгием хуэзэ и Iыхьэм щыщIилъэфауэ щыта V-1302 John Mahn кхъухьым, иужьрей илъэс 80-м къриубыдэу, и зэранышхуэ екIащ щIыуэпсым. Абы къыпкърыкI щхъухьымрэ гынымрэ тенджызым и экосистемэм къофыкI нобэр къыздэсым.
Зауэшхуэр илъэсиплIкIэ зэрекIуэкIар къэплъытэмэ, апхуэдэ кхъухь дапщэ псы лъабжьэм щIэлъыр, лагъым шынагъуэхэр илъу, абыхэм я щхъухь гуащIэр тIэкIу-тIэкIуу къиутIыпщу?! V-1302 John Mahn кхъухьыр щыщIилъэфа щIыпIэм и Iэшэлъашэр яджати, мышьяк, лагъымыр къэзыгъауэ пкъыгъуэ шынагъуэхэр псым куэду хэлъу къахутащ. Апхуэдэ кхъухьу щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ дунейпсо тенджызым дапщэ хэлъыр?!

 

pobedarf.ru
Поделиться: