Шэрджэс усакIуэхэр

Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу адыгэхэм я усыгъэр куущ ик1и бейщ. Ауэ гу лъытапхъэщ 90 гъэхэм («зэман зэблэкIыгъуэм») абы хэщIыныгъэ зэриIам. Ныбжьышхуэ къамыгъэщIауэ дунейм ехыжащ Iэзагъ ин зыбгъэдэлъа усакIуэхэу Нэхущ Мухьэмэд (1944 - 1994), Бемырзэ Мухьэдин (1948 - 2007), Пхъэш МуIэед (1949 - 2000) сымэ.
Нэхущ Мухьэмэд и усэхэр нэхъыбэу кьытехуащ газетхэм, журналхэм, автор зыбжанэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъхэм. Абы и талантым псалъэ дахэ куэд хужаIащ КIыщокъуэ Алим, Еутых Аскэр, Тхьэгъэзит Зубер, Озеров Лев, Бещтокъуэ Хьэбас, Уэрэзей Афлик сымэ. Ауэ усакIуэм и насып къихьакъым езыр псэу щIыкIэ тхылъ щхьэхуэ къыдигъэкIыну. УсакIуэр дунейм ехыжа нэужь, и IэдакъэщIэкIхэр иту, тхылъ хъарзынэ къыхудагъэкIыжащ литературэр фIыуэ зылъагъухэм («Адыгэ нэпсхэр». Черкесск, 1995).
Зы усэ тхылъ закъуэщ иIэр Пхъэш МуIэеди, ари къыщыдэкIар усакIуэр дунейм ехыжа нэужьщ («Гъуэгуанэ». Налшык, 2003). МуIэед и усэхэр, очеркхэр илъэс бжыгъэкIэ газетхэм, журналхэм къытехуащ.
Нэхъыбэу ар къызэрацIыхуу щытар журналистущ, ауэ ар икIи усакIуэ гъуэзэджэт. Пхъэшым езым и дуней лъагъукIэ иIэжт, щIэщыгъуэу, удихьэхыу. 
КъытетIысхьэм жьындур уи уэнжакъым,
Тумыхуж ар, кхъыIэ, тумыхуж.
ЩIэджэр ар сэракъым е уэракъым 
И насыпыншагъэр егъеиж. 
(«Тумыхуж» усэ)
Бемырзэ Мухьэдини гъащIэшхуэ къимыгъэщIами, литературэм, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм куэд щыхузэфIэкIащ. Абы хуэфащэ дыдэуи къыфIащащ «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ усакIуэ» цIэ лъапIэр. Бемырзэр егъэджакIуэ Iэзэу щытащ (пэщ1эдзэ классхэм предмет псори адыгэбзэкIэ езыгъэджу щIэзыдзахэм ящыщщ, КъШР-м и цIыхубэ егъэджакIуэщ). Абы и творчествэр хеубыдэ совет лъэхъэнэми, абы къыкIэлъыкIуэ зэманми (1991 - 2007). Совет нэужь лъэхъэнэм хыхьэу Мухьэдин и тхылъу щы къыдэкIащ: «Уэрэду сиIэр уэращ» (Черкесск, 1991), «ДыгъафIэ уэс» (Налшык, 1993), «Адыгэу ущытыныр гугъущ» (Налшык, 2002).
Лъэпкъым и псэукIэм, къэрал зэхэтыкIэм зихъуэжа нэужь, абы игъэпIейтея усакIуэхэм ящыщщ Бемырзэ Мухьэдин. УсакIуэм и творчествэм нэхъыщхьэ щохъу лъэпкъым теухуа гупсысэхэр. Хэкур, лъэпкъыр абы ирегъапщэ дыгъафIэ уэсу «щIыIэ хуэшыр Iэпкълъэпкъым хэзышыжым». ЦIэрыIуэ хъуащ, макъами щIалъхьащ Мухьэдин и «Уадыгэным къикIыр» усэр. УсакIуэм жеIэ нобэ адыгэу ущытыныр зэрыгугъур, адыгэу упсэуну зэрыхьэлъэр, «зэманыр жырри зыгъэлъалъэ гухъущ - абы екъутэ цIыхум и щэн-хьэлыр». Мы усэр лъэхъэнэм къиша мыхъумыщIагъэхэр сэтей къэзыщI, гъащIэр езыгъэкIакIуэ щхьэусыгъуэхэр къэзыIуатэ гупсысэкIэ гъэнщIащ.
Бемырзэр хэкупсэу, лъэпкъым и блэкIам дерс къыхэзых цIыхуу, бзэм, хабзэм тегужьеикIа усакIуэу зэрыщытам и щапхъэ куэд щыбгъуэтынущ и усыгъэхэм. Абы и псалъэхэщ тетыр Кавказ зауэм хэкIуэдахэм япэ дыдэ хуагъэувауэ Алибэрдыкъуэ къуажапщэм деж щыт фэеплъ сыным: 
Лъэпкъ щIыхьым зи псэр шэпэIудз хуэзыщIу, 
ЯукIыхункIэ бийм хуимыкIуэтахэм,
Хьэжрэту мыжурэпэм ирихужьэу, 
ИстамбылакIуэ гъуэгум текIуэдахэм
Щана псэ нэхухэм я фэеплъщ мы сынри,
Адыгэ, зэтеувыIи хуэгумэщI.
Шэрджэс усакIуэ нэхъыжьхэм ящыщу тхыгъэ нэхъыбэ зи Iэдакъэ къыщIэкIар АбытIэ Владимирщ, абы къыдигъэкIырт «Лъахэ» журналыр. Абы Владимир къытридзащ роман зыбжани, повесть, рассказ пщIы бжыгъэхэри. И усэхэмрэ поэмхэмрэ иту 2007 гъэм адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдэкIащ тхылъищ: «Джатэм и щIагъ», «Молитва», «Ты поймешь ли, Ошхамахо?» Дызытепсэлъыхь лъэхъэнэм къалэмыр жану лъэпкъ литературэм хуагъэлэжьащ шэрджэс усакIуэхэу Тут Михаил, Шэрджэс Алий, Шорэ Ахьмэд сымэ.
Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ (1961) 90 гъэхэм и усэхэр газетхэм, журналхэм къытрыригъадзэу щIидзащ, иужьыIуэкIэ тхылъ зыбжанэ къыщыдигъэкIащ Налшык, Черкесск къалэхэм: «Дуней гущэ» (2001), «Тхьэм и бынхэр» (2007). Тхьэгъэпсэум нэхъыбэу итхыр усэхэрщ, ауэ абы иIэщ поэмэхэри, таурыхъхэри, ауанхэри, гушыIэхэри.
Зи цIэ къитIуа лъэпкъ усакIуэ нэхъыжьхэм хуэдэу, абы и лирическэ лIыхъужьыр ирогузавэ лIэщIыгъуэ Iэджэ хъуауэ адыгэм къыдекIуэкI хабзэр, адыгагъэр, нэмысыр къызыфIэмыIуэхухэр нэхъыбэ зэрыхъум, цIыхухэр мылъкум зэрыдихьэхам. «Адыгагъэ» зыфIища усэм ди хьэл-щэн дахэр ирегъэщхь гъуэгущхьэм кърамыдзэжу тет кхъужьейуэ псоми яфыщIым:
Йопэзэзэх, мэгъуж жыгыжьыр,
Зеяри хъуащ къыхуэмеиж.
Къоныкъуэкъуф иджы акъужьыр,
Езыми щэхуу зегъеиж…
Къызэрыхэдгъэщащи, совет нэужь лъэхъэнэми адыгэ усакIуэхэм нэхъыбэрэ къаIэт темэу къэнэжащ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэр, цIыхухэм я зэхущытыкIэ хэхар. Ауэ абы нэхъыбэу къыщыхьащ цIыхухэм я псэукIэкIэ зэхуэмыдэныр, адыгагъэр езыудых къарухэр мыдэн мотивхэр. А темэхэм ехьэлIа гупсысэхэр усакIуэхэм къызэраIуатэ художественнэ Iэмалхэри нэхъыбэ хъуащ: хэт лъэпкъ IуэрыIуатэм и лиро-эпическэ фащэр къегъэсэбэп, хэти иджыри къухьэпIэ усэ гъэпсыкIэм и хабзэхэм нэхъ трегъащIэ, щыIэщ къухьэпIэмрэ къуэкIыпIэмрэ я поэтикэ щэнхабзэхэр зэхэзыгъэткIухьхэр. Ауэ сыт хуэдэ темэ къамыIэтми, сыт хуэдэ художественнэ IэмалкIэ ар къамыгъэлъагъуэми – псори йокIуэлIэж адыгэм и дунейм, и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэхэм.
Зэманым къыдэкIуэ Iуэхугъуэхэм усэр нэхъ псынщIэу поджэж, ауэ прозэм и жанрхэми ахэр гулъытэншэ ящIыркъым.
 

 

Зыгъэхьэзырар Къэбарт Мирэщ.
Поделиться:

Читать также: