IэщIагъэ хьэлъэт

Илъэси 100-м щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ, иджыри псы бжьамийхэр щыщымыIэм, унагъуэхэм псы хуабэрэ псы щIыIэрэ пэрыхьэту щамыIэм, псышэ IэщIагъэм мыхьэнэшхуэ ирату щытащ. Псышэу улэжьэнумэ, уи къарур илъын хуейт, еш пщIэ хъунутэкъым. Егъэлеяуэ IэщIагъэ гугъут. 
Псышэ IэщIагъэр нэхъ пасэрей дыдэхэм ящыщщ. XII-нэ лIэщIыгъуэм китай сурэтыщIхэм данэм тращIыхьу щытащ псышэхэр лажьэу зыщыплъагъу сурэтхэр. Чейхэм псы из ящIырти, ахэр псыхъуэм къыдашырт вы зэщIэщIакIэ. Ику ит лIэщIыгъуэхэм Тбилиси псышэу щылажьэу щытащ къэжэрхэр (персхэр). Марков Е.Л. «Кавказым теухуа очеркхэр» лэжьыгъэу 1887 гъэм къыдигъэкIам щетх къэжэрхэр псыхьэрэ псышэу Кавказми щылажьэу щытауэ. 
Африкэм псыр цIыхухэм ялъэзыгъэIэсыр бзылъхугъэхэмрэ сабийхэмрэт. Псыежэхым къыщрагъэхъуа псыр кумбыгъэ иным иту я щхьэм трагъэувэрти къахьырт. XIX л - нэ IэщIыгъуэм и кIэухым Бухар щыIащ псышэхэм я цех. Апхуэдэ лэжьакIуэхэр профсоюзу зэгухьэрт. Iэ IэткIэ хаха унафэщIыр кIэлъыплъырт цехым щагъэува хабзэхэр гъэзэщIа зэрыхъум, псышэхэм я хуитыныгъэри ихъумэрт. УнафэщIым и нэIэ щIигъэтт къалэхэм яшэ псым и къабзагъри. Пасэрей Мысырым (Египетым) и псышэхэр икIи курьеру лажьэрт. Псым нэмыщI, хьэпшып гуэрхэр цIыхухэм Iэрагъэхьэрт. Париж щагъэлъапIэу щытащ псышэхэм я махуэ.
Псышэхэм ахъшэ хъарзынэ къалэжьырти, абыхэм лъапсэ тэмэм яхузэгъэпэщырт. А лэжьыгъэм зеппщытын папщIэ мылъку гуэри уиIэн хуейт. Шы, гу, чейхэр езыхэм къащэхурт. Апхуэдэ мылъку зыбгъэдэмылъхэр псыхьу лэжьэн щIадзэрт япэ щIыкIэ. Псыхьу улэжьэну нэхъ гугъут. Абыхэм езыхэм зыщIащIэрт псы зэрыт чейхэр зрагъэувэ гу цIыкIухэм е Iэжьэхэм. Абыхэм я хьэлъэр нэхъ псынщIэ ящищIырт уэрэд къыхадзэрэ ар жаIэурэ я гъуэгу хагъэщIмэ. 
Тхыдэджхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэси 150 и пэкIэ Нева къалэм щылажьэрт псышэ мини 7-рэ псыхьэ мини 5-рэ. Псышэхэр гуп-гупурэ зэгухьэурэ лажьэрт. Зыр адрейм щыдэIэпыкъу куэдрэ къахуихуэрт. XIX-нэ лIэщIыгъуэм Санкт-Петербург щыщ псышэ Зуев Фома «Петербургский вестник» газетым и журналистым хуиIуэтэжауэ щытащ зэгуэр жэщ хъуауэ абы хъунщIакIуэхэр къызэрытеуам и хъыбар. «Ахэр щы хъурт, дэтхэнэми сэ иIыгът. Ахъшэ естыну къыспаубыдащ. Бзаджэу къызэплъхэрт, езыхэр зэхупыгуфIыкIыжхэрт, си дзажэм сэр къыхахуэну зэрыхьэзырыр слъагъурт. Ажалым сегупсыса къудейуэ, шы лъэ макъ зэхэсхащ икIи ину сыкIиящ: «ФыкъыздэIэпыкъу! СахъунщIэ!» Абдежым сэ згъэныбжьэгъу псышэхэу Колярэ Васярэ къыдбгъэдэлъэдащ. Абыхэм ящышынэри хъунщIакIуэхэр щIэпхъэужащ. Пэжщ, Коля зым лъэщIыхьэри фIыуэ кIуэцIикъухьащ». 
Лэжьыгъэ хьэлъэм иригъэкIакIуэрт псышэхэм я узыншагъэр. ТхакIуэ Башуцкий Александр (I803-I876 гъгъ.) тетхыхьауэ щытащ псышэхэм я гугъуехьым. «Пщэдджыжьым сыхьэти 6-м щыщIэдзауэ жэщ хъуху псы къригъахъуэурэ унэхэм ишэрт, цIыхухэм я пэгунхэм яхурикIэрт, къат-къату зэтет унэхэм лъэсу псыр дрихьейрт. Ахъшэ лейуэ къилэжьын папщIэ, цIыхухэм нэгъуэщI Iуэхутхьэбэ гуэрхэри яхуищIэрт: пхъэ яхуикъутэрти, ар аргуэру къатхэм дрихьейт и бгыр къэгъэшыжауэ. Аргуэру къыщехыжкIэ, жьыщIыгъэ псыфхэр къахущIихырт пщIантIэм нэс. Апхуэдэт махуэ къэс. Абы къыхэкIыу лIыжь псышэу лажьэу урихьэлIэнутэкъым, жьы хъуху псэутэкъым ахэр. Псышэу лэжьэфыр илъэс 22-40 зи ныбжь цIыхухъу Iэчлъэчхэрт».

 

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: