Лэжьыгъэм гукъыдэж кърет

Тхьэмадокъуэ Зерэ Бахъсэн щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и управленэм и унафэщIщ. КъБКъУ-м и филологие къудамэр къиухри, илъэс куэдкIэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу лэжьащ. ЩIэблэр гъэсэным и пIалъэр ещIэ, гъащIэм къигъэув упщIэ куэдым я жэуапхэр щэнхабзэм къыщыбгъуэтыфу жеIэ.
Щэнхабзэр цIыху зыгъасэщ, зыунэтIщ, зезыгъэужьщ. Абы куэдкIэ елъытащ цIыхубэм ягъуэтыфыну зыужьыныгъэр. ЦIыху щхьэхуэм и гъащIэм и кIыхьагъкIэ зыхелъхьэ хабзэ щхьэхуэхэр. Унагъуэм, сабий садым, школым лъабжьэ щегъуэт. Абы елъытауэ къысщохъу адэкIэ и гупсысэр къызэрызэрыкIынур. «Щэнхабзэ зыхэлъщ» зыхужаIэ цIыхур гъэсэныгъэкIи, зыIыгъыкIэкIи, зыхуэпэкIэкIи, утыку ихьэкIэкIи псоми къахэщхэрщ.
Бахъсэн щIыналъэм щэнхабзэм теухуауэ щекIуэкI Iуэхугъуэхэр щIэми жьыми яхуэгъэзащ. ЗэфIэкI зыбгъэдэлъу щIыналъэм къыщыхэжаныкIхэм гулъытэ ягъуэт, я гупсысэр щызэхахын, я лэжьыгъэр щагъэлъэгъуэн утыкуи яIэщ. ЩэнхабзэмкIэ унэ I3, бгъэIэпхъуэ хъу автоклуб, гъуазджэм щыхуагъасэ сабий школищ, тхыдэ-лъахэхутэ музей, библиотекэхэр (щIыналъэ псом зэдай сабий библиотекэрэ къуажэхэм щыIэхэмрэ). Ахэр псори щэнхабзэм теухуауэ мэлажьэ.
«Махуэшхуэхэр догъэлъапIэ, усэхэмрэ уэрэдхэмрэ я пшыхьхэр идогъэкIуэкI, щIэблэр зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэдгъэтщ. Псалъэм папщIэ, ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу Къулъкъужын Ищхъэрэм гъуазджэмкIэ и сабий еджапIэм, Зеикъуэ сурэт щIыным щыхуагъасэ школхэм гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъунхэр къыщызэIуах. ЩIыналъэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэр республикэм и Iуэхухэм жыджэру хэтщ. Лъэпкъ гупсысэ зыхэлъ зэхьэзэхуэхэри ди мащIэкъым. Апхуэдэхэщ «Адыгэ уэрэдыжьхэр лъэпкъым и тхыдэщ», «Лъэпкъ бын зыгъасэм лъэпкъ щытхъу хуэфащэщ» фIэщыгъэхэр яIэу екIуэкIахэр», - топсэлъыхь Зерэ ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм.
Тхьэмадокъуэ Зерэ зыпэрыт IэнатIэр тыншкъым, ауэ и щIэщыгъуэу мэлажьэ, сыту жыпIэмэ, гурэ псэкIэ пэрытщ: «Гурэ псэкIэ узыпэрыт IэщIагъэм гугъуехь щызыхэпщIэркъым. Пэжщ, дэтхэнэ IэнатIэми хуэдэу, Iуэху гуэрхэр щызэхуэмыхъу, лъэпощхьэпо дыщыхуэзэ щыIэщ. Сэ сыт щыгъуи сыхуопабгъэ сызыпэрытыр зэрезгъэфIэкIуэным икIи къызэхъулIэу си гугъэщ. КуэдкIэ ар я фIыгъэщ си гупым. Ахэр жыджэру пэроувэф Iуэхухэм, гупсысэ щIэщыгъуи халъхьэ. Си унагъуэми къыздаIыгъщ икIи къысхуагъэдахэ си лэжьыгъэр», - жеIэ абы.
Ар и лэжьыгъэм ирогушхуэ: - «Къапщтэмэ, сэ сурэт сщIыркъым, уэрэд жысIэркъым, дахэу къафэми сащыщкъым. ИтIани, мис а псор зыщIэфхэм Iуэху къахузызогъэпэщ. Сипсыхьауэ си гугъэщ илъэс куэдкIэ школым адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу сызэрыщылэжьами», - жи.
Тхьэмадокъуэр щIэблэм илъэс куэдкIэ яхэтащ. Куэдым хабзэ, щэнхабзэ яхилъхьащ, бзэм и IэфIри зыхригъэщIащ.
- ЩIэблэм лъэпкъ щэнхабзэр яхэслъхьэну Iэмал сиIэти, къэзгъэсэбэпащ. Хабзэр езгъащIэрт, тхыдэм дезгъэхьэхырт, анэдэлъхубзэкIэ гупсысэфу сыпсыхьырт. Адыгэм ди жыIэгъуэхэмрэ нэщэнэхэмрэ къащти, псалъэм папщIэ, дапхуэдиз Iущыгъэ яхэлъ! Сэ езгъэджахэр зэпеуэ згъакIуэкIэ сыкъагъэщIэхъуу щытакъым – ехъулIэныгъэхэр яIэт. Илъэс 23-кIэ сыегъэджэкIуащ, - жеIэ егъэджэныгъэхэм къыщигъэсэбэпу щыта Iэмалхэм теухуауэ.
    «ЦIыхум и хъуэпсапIэхэр сабиигъуэм къыщежьэу къысщохъу. Уэ сытым ущIэхъуэпсрэт ущыцIыкIум?» - жысIэри сеупщIат Зерэ.
«КъБКъУ-м филологиемкIэ и къудамэр къэзухащ сэ. Ауэ аратэкъым си сабий хъуэпсапIэр. СыщыцIыкIум сехъуапсэрт актрисэ сыхъуну. СыкъыщыдэкIуэтеями арат си гур зыхуеIэр. Ауэ си адэ-анэм къысхуагъэдэхатэкъым ар IэщIагъэу. ЕгъэджакIуэ сыхъуащ, ауэ хъуэпсэныр зыхэзнатэкъым. Сэ сценэм ситрэ си еджакIуэ цIыкIухэр театреплъу къысщыхъурт: апхуэдэу дерсхэр езгъэкIуэкIырт. Ар сэбэп хъурт цIыкIухэр къыдэсхьэхынымкIэ, лэжьыгъэм щIэщыгъуагъ хэслъхьэнымкIэ. Школым сыщыIэху куэдрэ къызэзгъэпэщу щытащ щэнхабзэм ехьэлIа пшыхьхэр», - къыддэгуэшащ ар.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ