Фэеплъхэм я нэIэ тетщ

«Хэкур хъумэжыным зи псэр щIэзытахэм я фэеплъыр хъумэн» къэрал программэм хиубыдэу Май щIыналъэм зыхуей щыхуагъэзащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ кхъащхьэр.
ЗауэлIу 70-м нэс щыщIалъхьа а щIыпIэр зэIузэпэщ щIыным илъэс кIуам иужь ихьат. Кхъащхьэр плиткэхэмкIэ дахэу къращIыкIащ, къэухьхэмкIэ къагъэувыхьащ, фэеплъым и IуплъапIэм фIалъхьа гранит джафэм вагъуэ къуапитхумрэ абдежым щыщIалъхьахэм я цIэ-унэцIэхэмрэ тратхащ.
Зауэ гуащIэ щекIуэкIа щIыпIэхэм лъыхъуакIуэ гупхэм къыщагъуэтыжа хьэдащхьэхэр зэгъусэу щыщIалъхьа фэеплъ комплексхэр зэIузэпэщ щIынымкIэ лэжьыгъэхэм адэкIи пащэнущ.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: