Я лэжьыгъэм кърикIуахэр зэхалъхьэж

КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министру щыIэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник Мамхэгъ Назир иригъэкIуэкIащ мы гъэм и мазибгъум министерствэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм щыхэплъэжа коллегие.
Видеоконференц зэпыщIэныгъэм тету екIуэкIа зэIущIэм хэтащ республикэ ОВД-м и ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ къудамэм и тхьэмадэ Пыхъ МуIэедрэ КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и унафэщI Петровский Владимиррэ.
2022 гъэм и мазибгъум министерствэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм, илъэсыр иухыху къапэщыт къалэнхэм теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м щыIэ МВД-м и штабым и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Егоровэ Наталье. Абы къызэрыхигъэщащи, зриплъэж зэманым щIэпхъаджагъэу къыщIагъэщым хэхъуащ. ЦIыхухэм профилактикэ Iуэхухэр зэрыдрагъэкIуэкIым и фIыгъэкIэ ягъэмэщIэн яхузэфIэкIащ хъыбарегъащIэ-телекоммуникацэ технологиехэр къагъэсэбэпу ялэжь щIэпхъаджагъэхэр.
- НаркотикхэкIхэр игъэкIыным ехьэлIауэ ялэжь щIэпхъаджагъэу нэхъыбэ къыщIэдгъэщ хъуащ. Къапщтэмэ, апхуэдэу процент 20,2-кIэ нэхъыбэ зэхагъэкIащ, - жиIащ Егоровэм.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Iэпхъуэшапхъуэ Iуэхум ехьэлIа хабзэр гъэзэщIэным, щIэпхъаджагъэхэр къыщIэгъэщыным, гъуэгу тет лъэсырызекIуэхэми автомобилистхэми я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ хъумэнымкIэ хэкIыпIэхэр егъэфIэкIуэным, КъБР-м щыIэ МВД-м и IэнатIэхэм цIыхухэм къэрал Iуэхутхьэбзэхэр нэхъыфIу яхуэщIэн и лъэныкъуэкIэ гу нэхъ зылъатапхъэхэм.
 Ветеран организацэм и лэжьыгъэм зегъэужьынымкIэ, Урысей МВД-м и район IэнатIэхэм хуаIэ пыщIэныгъэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм теухуауэ къэпсэлъащ Пыхъ МуIэед.
 Я лэжьыгъэм зэрехъулIэм теухуауэ къэпсэлъахэщ министерствэм и IэнатIэхэм, апхуэдэуи Урысей МВД-м и район щIыналъэ къудамэхэм я унафэщIхэр.
КъаIэта дэтхэнэ Iуэхуми ехьэлIа унафэхэр къащтащ. Ахэр зэфIэхыныр абыкIэ жэуап зыхьхэм пщэрылъ ящищIащ КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министру щыIэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник Мамхэгъ Назир.

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: