Лъы хуэныкъуэхэм папщIэ

 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм даIыгъащ УФ-м лъы тыным теухуа и къэрал программэм зегъэужьыным хыхьэ акцэр икIи щIыналъэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм щагъэхъуж сымаджэхэм папщIэ лъы ятащ.
Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и лэжьакIуэхэм зэрыжаIащи, Урысей гвардием къулыкъу щызыщIэхэр сыт щыгъуи къадоIэпыкъу, абыхэм я фIыщIэкIэ зыхуэныкъуэ лъыхэкIхэр гъэтIылъауэ яIэщ.
- Донорхэм я дэIэпыкъуныгъэ сымаджэхэр щIэх-щIэхыурэ хуэныкъуэ зэрыхъум дыщыгъуазэщ икIи абы Iэмал къыдет дэри а IуэхуфIым дыхыхьэну, - жиIащ полицэм и полковник Хьэмыз Мурат.

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться:

Читать также: