Зи лэжьыгъэхэм щIэупщIэ яIэ

Налшык къалэм, КъБКъУ-м и медицинэ факультетым «Эрмитаж-Кавказ» центрым иджыблагъэ къыщызэIуихащ художник, дыщэкI, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм я цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием щIыхь зиIэу хэт Еутых Ася и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
Илъэс 15-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Санкт-Петербург и Эрмитажым щагъэлъэгъуауэ щытащ Еутых Ася и «В зеркале традиций» выставкэр. Налшык къаша лэжьыгъэхэм ящыщщ нэхъапэм Санкт-Петербург и музейм щахъумэу щыта и IэдакъэщIэкIхэр.
Еутых Ася епсэлъащ зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэм, Налшык къалэм и курыт еджапIэ №33-м и «Эрмитаж-класс» клубым хэтхэм. ДыщэкI къудейм къыщымынэу, ар кавказ Iэщэхэм фIыуэ щыгъуазэщ. Скифхэм я зэманым щыIа псэущхьэхэр и лэжьыгъэхэм нэхъ зэрыхиухуанэм гу лъыботэ. Скиф щэнхабзэм псэущхьэхэр щIыуэпс къэхъукъащIэхэм я нэщэнэу къыщыгъэлъэгъуащ. Псом хуэмыдэу гулъытэ нэхъыбэ хуащIырт гузэвэгъуэм щызыхъумэу къалъытэ псэущхьэхэм.
Ижь-ижьыж лъандэрэ дыщэ тажхэр, цIугъэнэхэр, сэхэр пащтыхьхэмрэ пащтыхь гуащэхэмрэ зэрахьэу къогъуэгурыкIуэ. Пасэрей IэпщIэлъапщIэхэм, дыщэкIхэм я лэжьэкIэм тету, Ася игъэхьэзыр дэтхэнэ зы лэжьыгъэри телъыджэщ.
- Ди студентыгъуэ зэманым, эрмитаж IэщIагъэлIхэмрэ профессорхэмрэ я тхылъхэмкIэ деджэрт, IэщIагъэм и щэхухэм зыщыхэдгъэгъуазэм. Илъэс I5 ипэкIэ си лэжьыгъэхэр Эрмитажым зэрыщагъэлъэгъуар сэркIэ лъапIэт, - жеIэ Ася. - Мейкъуапэ, скиф, мэуэт щэнхабзэхэм ехьэлIа си лэжьыгъэхэрт ахэр. IэщIагъэлIхэм яхузэхэгъэкIыртэкъым археологие хьэпшыпхэмрэ си лэжьыгъэхэмрэ. Ар си IэдакъэщIэкIхэр лъагэу къызэралъытам и щыхьэтт. Эрмитажым и лIыкIуэм гъуазджэм срицIыхуу къилъытэу Налшык си лэжьыгъэхэр зэрыщигъэлъагъуэр гуапэщ, - жеIэ Еутых Ася. - Дэтхэнэми и IэщIагъэм ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьэфынущ. Нэхъыщхьэр – къалэн зыхуэбгъэувыжынырщ. Къапщтэмэ, япэщIыкIэ Художественнэ школым, иужькIэ университетым екIуалIэхэм зыкIи сакъыщхьэщыкIыртэкъым. СыщыцIыкIум япэу къызэIусха тхылъыр Эрмитажым и пэшхэм я гъуэгугъэлъагъуэрщ. Арауэ къыщIэкIынущ а IэщIагъэм сыщIыдихьэхари. Сурэт тепх къудей мыхъуу, уи лэжьыгъэм къызыхуэтыншэу упэрытын хуейщ, уи IэщIагъэм и пщIэр къалъытэн папщIэ. Къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ, Кавказ Ищхъэрэм лIэщIыгъуэкIэрэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр щыпсэууэ къызэрекIуэкIым теухуауэ. Дахагъэр псоми ди зэхуэдэщ. Ар зэгъусэу щытщIкIэ нэхъри дызэкъуегъэувэ.
Еутыхым и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщу Налшык щагъэлъагъуэхэм ящыщу нэхъ лъапIэу гу зылъыптэр скиф гъуазджэр зи лъабжьэ тахътэрщ. Ар зы илъэсым и кIуэцIкIэ игъэхьэзыращ икIи гъуаплъэ, дыжьын, дыщэ, жыпIэми, килограм 50-м къыхищIыкIащ. Еутых Ася зэрыжиIэмкIэ, и лэжьыгъэм гукъыдэж къезытыр пасэрей хьэтхэм зи лъабжьэр къыщежьэ Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэрщ, пасэрей цивилизацэрщ.
Пиотровский Михаил иригъэблагъэри, Эрмитажым и пэшхэм ящыщ зым Еутых Ася и гъэлъэгъуэныгъэ щIэщыгъуэ къыщызэрагъэпэщауэ щытащ 2007 гъэм. Абы хагъэхьат дыщэкIым и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ 200-м щIигъу. Iэмал зэмылIэжьыгъуэхэр къигъэсэбэпурэ, дыщэм, дыжьыным, гъуаплъэм къыхищIыкIа, мывэ лъапIэхэмкIэ игъэдэха, пасэм щIэупщIэ зиIа и лэжьыгъэхэм ящыщт ахэр. Эрмитажым и къэпщытакIуэхэм зэдэарэзыуэ Ася и лэжьыгъэхэр музей лъапIэныгъэ зиIэ хьэпшып телъыджэу къалъытащ. Пиотровский Михаил абы щыгъуэ япэу гу лъитат иджыри псэууэ зи лэжьыгъэ Эрмитажым щагъэлъэгъуар Еутых Ася и закъуэу зэрыщытыр. Къэрал Эрмитажым щахъумэ и IэдакъэщIэкIхэм зэпымыууэ къыхегъахъуэ Ася. Абы и лэжьыгъэ зыбжанэ щIэлъщ Москва и Къэрал тхыдэ музейми.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: