Иджыблагъэ Ставрополь щIыналъэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я еплIанэ хэгъэгузэхуаку фестиваль. «Зэныбжьэгъугъэм и псынащхьэ» зэхыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш, Дагъыстэн, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Шэшэн республикэхэм, Ставрополь щIыналъэм я лIыкIуэхэр хэтащ абы.
Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ закъыхуигъэзащ Iуэхур щекIуэкIа Курской щIыналъэм и администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Сидоренкэ Оксанэ, щэнхабзэмкIэ къудамэм и унафэщI Зеленовэ Зинаидэ сымэ.
Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и къудамэу Ставрополь щIыналъэм щыIэм и унафэщI Куприн Александр абы къыщызэрагъэпэща «СтIол хъурейм» къыщыщыпсалъэм тхакIуэхэм я зыужьыныгъэм, ефIэкIуэныгъэм хуэщхьэпэну Iуэхугъуэхэм, тхэн щIэзыдзагъащIэхэм зэрызыщIагъакъуэм я гугъу ищIащ.
ЗэIущIэм хэтахэм загуэшри, адэкIэ лэжьащ. Сабий тхакIуэхэм епсэлъар Ананьченкэ Николайщ. Балигъхэм яхуэтхэхэм Яковлев Владимиррэ Дмитриченкэ Валентинэрэ чэнджэщ щхьэпэхэр иратащ.
Фестивалым кIуахэм музейхэмрэ библиотекэхэмрэ зыщрагъэплъыхьащ, курыт еджапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэм IуагъэщIащ.
Литературэрэ макъамэрэ зэхэухуэнауэ «УсакIуэр усакIуэм и къунакъщ» фIэщыгъэм щIэту къызэрагъэпэща пшыхь дахэм тхакIуэхэм я гукъеуэхэр щыжаIэну, я IэдакъэщIэкIхэм къыщеджэну Iэмал щратащ. Лъэпкъ литературэм, абы и щхьэхуэныгъэхэм, мы зэманым щыIэ лъэпощхьэпохэм ятеухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы къыщыпсэлъащ «Минги-Тау» литературэ журналым и редактор нэхъыщхьэ Додуев Аскэр.
ЗэIущIэр и кIэм нэблэгъами, тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ зэхэмыкIыжу иджыри куэдрэ зэхэтащ. Ахэр зэрыцIыхуащ, я тхыгъэхэр, телефонхэр зэIэпахащ, зэдэлэжьэну зэгурыIуахэри мащIэкъым. ЯхуэфIыну дыщогугъ.
Къазбэч и къалэмыр
ИщхьэкIэ зи гугъу сщIа зэхыхьэм ди щIыналъэм къыбгъэдэкIыу ягъэкIуахэм ящыщщ МамыкIэ Къазбэч. ЩIалэм Фейсбукым щиIэ напэкIуэцIым щIэх-щIэхыурэ и IэдакъэщIэкIхэм щыщ кърелъхьэ. Псом хуэмыдэу гуапэщ абы и усэхэм ныбжьыщIэ цIыкIухэр гъэхуауэ къызэреджэр плъагъуну. Къазбэч къызэрыджиIамкIэ, ар илъэс куэд щIауэ матхэ, ауэ и усэхэр утыку кърихьэн зэрыщIидзэрэ куэд щIакъым.
Къэсейхьэблэ къыщыхъуа усакIуэм анэдэлъхубзэр фIыуэ езыгъэлъэгъуахэу ЛIымахуэ Людэ, къуажэ курыт еджапIэм и унафэщIу щыта Цагъэ Анатолэ сымэ я цIэ къреIуэ. Лъэпкъ хабзэм, бзыпхъэм, тхыдэм теухуауэ абыхэм зыщIапIыкIар зэрыуасэншэр жеIэ.
МамыкIэр ди редакцэм къедгъэблагъэри упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащи, къыджиIахэр ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.
- ЕплIанэ классым сызэрыщIэсрэ сотхэ, - жеIэ абы. - НыбжьыщIэ куэдым зэрахьэлу, си япэ усэр лъагъуныгъэм теухуауэ щытащ. КъыкIэлъыкIуэу си анэм сыхуэусат. Ауэ щыхъукIи, сэ сытхэу цIыхухэм сыкъызэращIэрэ илъэсипщIщ зэрыхъур. Абы и щхьэусыгъуэращ. Си япэ усэхэм ящыщ ди анэм щезгъэлъагъум: «Си щIалэ, ХьэIупэ ДжэбрэIил (Казбек и анэмкIэ и благъэщ) зэрытхэм хуэдэу умытхэнумэ, умытхэххэ. ЦIыхум ауан узэращIын тхыгъэ утыку къыумыхьэ», - къызжиIати, стхыхэр зыкъомрэ дунейм къытезгъэхьакъым.
Абы яужь зэманыфI дэкIауэ, си адэм теухуауэ стха усэр ди анэм зэрымыщIэкIэ илъэгъуа иужь, ипэкIэ жиIа псалъэхэр къищтэжри, си IэдакъэщIэкIхэр дунейм къытезгъэхьэну игъуэу щыжиIэм, сытегушхуащ. Ди анэм си жагъуэ къищIауэ къызыщыхъу щыIэщ, хьэуэ, сэ абы жиIар зэрыпэжыр, ХьэIупэм хуэдэу уи псалъалъэ имызмэ, лъэпкъ усыгъэм пхухэлъхьэн зэрыщымыIэр хьэкъ сщыхъуауэ аркъудейщ. Сэри а илъэсхэм ауэ сыщысакъым, си щIэныгъэм ерыщу хэзгъэхъуащ.
- Сыт узыгъэусэр?
- ЦIыхухэм я дуней тетыкIэм, дунейм и къэхъукъащIэхэм, щIыуэпсым и дахагъэм. Тхэн гукъыдэжыр гурыфIыгъуэми нэщхъеягъуэми кърагъэбл. Си усэхэр гъащIэм, цIыху зэхущытыкIэм, адэ-анэм ятеухуащ. Си анэм и гъащIэр и лъабжьэу тхылъ согъэхьэзыр. Ар си япэ Iуэтэжщ.
- ТхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я зэхыхьэу иджыблагъэ фыздэщыIар сыткIэ къыпщхьэпауэ къэплъытэрэ?
- Хуабжьу сигу ирихьауэ сыкъэкIуэжащ. Абы адыгэ щыIэу къызэрысщIэу, сызэрыкIуам тIууащIэу сыщыгуфIыкIыжащ. Кавказ Ищхъэрэм щыщ тха-кIуэ цIэрыIуэхэмрэ нэхъ зи щIалэгъуэхэмрэ щызэхуашэ-сат абы. Фестивалым тхакIуэ куэд цIыхугъэ къыщысхуэхъуам и мызакъуэу, си усэхэм ящыщ нэгъуэщIыбзэкIэ зэрадзэкIыну гукъыдэж яIэу тхакIуэ зыбжанэм зыкъызагъэщIащ. Сабийр зэрыджэгу хьэпшыпхэм хэбгъэтIысхьа иужь Iэрпхъуэр зэрыхъум хуэдэу, слъагъур, сызыхэтыр сфIэмащIэу фестивалым сыщыIащ.
- Тхэн щIэзыдза куэдым хуэдэу, литературэ критикхэм уащышынэрэ?
- Хьэуэ. Си тхыгъэхэм я IуэхукIэ ХьэIупэм и закъуэщ сызыщышынэр. СыфIолIыкI жысIэмэ, нэхъ пэжу къыщIэкIынщ.
- Уи япэ тхылъыр къыдэбгъэкIыну зэрыбгъэхьэзырым сыщыгъуазэщ.
- Усэ тхылъыр хьэзырщ, ауэ щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ зэкIэ сепIэщIэкIыркъым.
- Уи IэщIагъэкIэ тхэн Iуэхум упыщIа си гугъэкъым.
- Сэ курыт еджапIэр къы-зэрызухрэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зеспщытащ, иджыкIэ сыухуакIуэщ. Унэм и лъабжьэм щыщIэдзауэ узэрыщIэтIысхьэжынум хуэдэу зэфIызогъэхьэ.
- Уи хъуэпсапIэхэм дыщыбгъэгъуэзэн?
- Си хъуэпсапIэхэр си закъуэкъым зэхьэлIар. Тхэн щIэзыдзагъащIэхэр илъэсым зыбжанэрэ зэхуэсшэсыну, абыхэм гъуэгу етынымкIэ щхьэпэну зэхыхьэхэр къызэзгъэпэщыну си хъуэпсапIэщ.
- Тхэн Iуэхум ехьэлIауэ гукъеуэ узэриIэм сыщыгъуазэщ.
- Пэжщ, иджырей гъащIэм гукъеуэ щымащIэкъым, ауэ си гукъеуэ нэхъыщхьэр къытщIэхъуэ щIэблэр бзэмыIуу къызэрыхъурщ. Ахэр телефонымрэ телевизорымрэ йокIуадэ жысIэмэ, сыщыуэнукъым. Ахэр зыдихьэх дунейм адыгэбзэ нэхъыбэу зэрыхэдгъэхьэным, анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр къегъэщIэным делэжьыпхъэщ. Си щхьэкIэ си быным яжызоIэ, анэдэлъхубзэр зыщагъэгъупщэмэ, сэри сызыщагъэгъупщэну. Яхуэздэнукъым!
Къазбэч и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ зыбжанэ иджы япэу тыдодзэри, фигу ирихьмэ, ди гуапэщ.
* * *
Мывэгу и гущхьэ зэи зэгуэудкъым,
И гур мыбампlэ, хуитуи мэжей.
Гукъеуэри зищlысыр зыхимыщlэ,
Гъащlэм щохъуакlуэр, гукlэ нэпсейщ.
Псалъэ шэрыуэкlэ гущхьэр екъутэр,
Уlэгъэ хьэлъэхэр гущхьэм щохуэх.
И бзэгупэ дыджым мафlэ къыпехыр,
Ихъуреягъкlэ зрелыпщlэкl.
Зэманым псори зэрегъэзахуэр,
Зэман къыхуохуэр гум щыдэхуэх.
Бгылъэм елъауэ мывэр щыщащэ,
Псэр игъэгызми, зыкъыщащlэж.
Я нэхъ мыл lувыр дыгъэм егъэткlур,
Бгы лъапэм псынщlэу щызэбгырож.
Гугъуехь пщlэнтlэпсыр занщIэу мыгъущми,
Хуэфэщэн уз lэпкълъэпкъым къыхеш.
* * *
Уи дахагъэм нэр топлъызэр,
СыноплъыхукIи зызмыгъэнщI.
Уи щIалэгъуэм гур токIуадэр,
Узмылъагъум си гур хощI.
Уи нэбжьыцхэм нэр къыпхопсыр,
IэфIагъ куэд мы си гум къокI.
Си нэм дыгъэу укъыщIопсэр,
Уи гуфIэкIэр нэгум щIокI!
Уи щабагъэр псэм зыхещIэр,
Уи псэлъэкIэм гур дехьэх.
Уи гум илъыр псэм зыхещIэр,
Си нэм щIэплъи, сызэхэх.
Пщэдджыжьыпэм къэIу макъамэм,
Удежьууэ сэ къысфощI!
ГукIэ сэ сыныдежьууэрэ,
ПсэкIэ уэ уэрэд пхузотх.