Къанкъулым и «Наршур»-м теухуауэ

«Къуажэр адрей къуажэхэм къазэрыщхьэщыкI щыIэкъым. Ари псы Iуфэм Iусщ, унагъуэ жьэгухэм къадих Iугъуэ мащIэр къыщхьэщыту, и уэрамхэр, япэхэми хуэдэу, зэрынашэкъашэщ, ауэ абыхэм иджыри шыдыгу зэщIэщIахэм куэд дыдэрэ уащрохьэлIэ. Наршухэм иджы зэрагъэпэща машинэхэр абыхэм япэлъэщакъым, «ГъащIэщIэм и бийуэ» зы зэман щыта шыдыр псэ быдэу къыщIэкIащ».
ГъащIэщIэм и джакIуэу уэрамэм къыдыхьэу хуежьа машинэхэри шыдыгухэм я деж щыкъарууншэу щхьэ къыщIэкIа? Мы упщIэр тхакIуэм занщIэу къытхуигъэувыркъым. Ауэ тхыгъэм дыкъыздеджэм дэ зыхудогъэувыж, и жэуапри къыдолъыхъуэ. Ар тхакIуэм и деж къыщытлъыхъуэкIи зыри къикIынукъым, сыту жыпIэмэ, Къанкъулым абы и жэуап пыухыкIа къыдитыркъым, атIэ а жэуапыр къэлъыхъуэныр дэ къытхуегъанэри, дэри догупсыс абы - сыту пIэрэ, зэманым еплъытмэ, телъыджэлажьэу бгъэув хъуну щыта машинэр шыдым щIыпэмылъэщар?
Жэуапыр тхыгъэм занщIэу къыдимытми, ар къызэрыдгъуэтыфыну щIыкIэм и лъагъуэм мащIэмащIэурэ дытрешэ. КIарцыкъуэ къуажэри адрей наршу къуажэхэм къакIэрымыхуу, япи имылъадэу, зэресагъэжьу, къызэрыгуэкIыу мэпсэу: мащIэ дыдэ хъуа къуажэр Iэхъушэр зугъуей Iэхъуэм и макъым къыдоушри, щIымахуэмэ, хьэкум мафIэ иращIэри, къалэ гъунэгъум къикIа автобус кIэщI цIыкIум пожьэ. Ауэрэ, хадэм илэжьыхьми, дунейм ехыжа къуажэгъум и унагъуэ ихьэми, сытми махуэр ирахьэкIырти, кIыфIыгъэм къигъэбэта хьэ банэ макъым и гъусэу хэкIуэсэжырт. Апхуэдэут КIарцыкъуэ есауэ иджыри къыздэсым зэрыпсэур икIи а псэукIэр ихъуэжын муради иIэтэкъым, щIихъуэжын щхьэусыгъуэ щыIэуи ищIэртэкъым.
Апхуэдэурэ зэпIэзэрыту екIуэкIырт къуажэдэсхэм я гъащIэр, яшхын къыщалэжьын къагъуэтрэ, къалэжьар хьэлэлу яшхыжмэ, напэр щIытекIын, щIэукIытэн Iуэху жылэм къыдэмыхъуэмэ, я гурыфIыгъуэшхуэти, я псэукIэм арэзы техъуэжхэу. АрщхьэкIэ абыхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр я къалэну ягъэувыжауэ, я чэнджэщрэ ущиерэ хамылъхьэмэ, къуажэдэсхэм гъуэгу тэмэмкIэ ямыунэтIыфыну икIи езыхэм я гулъытэ лэжьакIуэжьхэм лъамыгъэIэсмэ, къуажэр гъуэгу пхэнж теувэу, гъащIэщIэр ухуэным къыкIэрыхуу, зэманым и гупхэм къихупэнкIэ шынэхэр щыIэт. Апхуэдэхэм я жэрдэмкIэ КIарцыкъуэ и дэлъэдапIэм деж гъуэгубгъум фэеплъышхуэ щагъэуват. Къалэм къраша IэщIагъэлIым наршу фащэ зыщыгъ лIы зыбжанэ фIыуэ зэпиплъыхьа нэужь, къуажэдэсхэр зыдигъэIэпыкъуурэ ищIа фэеплъыр щытт, къуажэм къыдыхьэ дэтхэнэми, наршухэм зэрахабзэу, фадэ зэрыт пхъэ фалъэшхуэр хуишийуэ. Фэеплъыр щытащ гъащIэщIэр зыухуэ къуажэдэсхэр зытеува гъуэгур тэмэмрэ мытэмэмрэ къипщытэну къалэм къикIа хьэщIэ гуэр къэкIуэху. ХьэщIэм фэеплъыр зригъэлъэгъуащ, ауэ унафэщIым ар игу ирихьатэкъыми, фэеплъым щхьэрыгъ хъурыфэ пыIэм ерагъкIэ къалэм къыщагъуэта щэкI плъыжь бзыхьэхуэ тIэкIур дабзащ. А щэкI тIэкIуми гум имыщтэ гуэрхэр къыхилъэгъуащ къалэдэс хьэщIэм. Фэеплъым убгъэдэкIуэтапэрэ и нэгум фIыуэ уиплъэмэ, гу лъыптэрт ар гъащIэщIэм и бийуэ Бандэкъуэ дыхьэжа гупым я унафэщI лейзехьэм хуабжьу зэрещхьым: … «ТращIыкIа фIэкI пщIэнтэкъым. ГъэщIэгъуэнкъым хьэщIэ лъапIэм и нэщхъыр зэрызэхиукIар. Жэщым фэеплъым и щхьэр къыпаудауэ нэху къекIащ. МахуищкIэ, блэкIри къыблэкIыжри игъащтэу, щхьэншэ Iэпкълъэпкъ уардэр гъуэгубгъум Iутащ. ИужькIэ къалэм къраша IэпщIэлъапщIэ гуэрым абы щхьэщIэ фIищIыхьыжащ. Бандэкъуэ дыхьэжа гъэпщылIакIуэм фэеплъыр апхуэдизу ещхь зыщIа хъурыфэ пыIэм и пIэкIэ абы упщIэ пыIэ къекIу щхьэритIэгъат. Еплъи, гуфIэ иджы, къуажэдэс, хьэщIэ, гъуэгурыкIуэ, - бжьахъуэ лIыжь ахъырзэману фалъэр къыпхуэзышийм…»
Зэман кIэщIым къриубыдэу щхьитI зэрихъуэкIыну хунэса фэеплъыр иужькIи илъэс заулкIэ Iутащ гъуэгу Iуфэм. Ауэ, «тхьэмыщкIэм ер хуэлъэщ» жыхуиIэращи, фэеплъым и бэIутIэIур абдеж щиухакъым. Аргуэру фэеплъым и вагъуэр ижащ щэщI гъэхэм. УнафэщIхэм сыт щыгъуи яхэтщ сакъын зи мыжагъуэхэр. Мис апхуэдэ унафэщI гуэрым гу лъитащ фэеплъым гъащIэщIэм къемызэгъ гуэрхэр иджыри зэрыдэплъагъум. Мы дунеишхуэр къызэригъэщIрэ гъащIэм и лъэхъэнэхэм я нэхъыбапIэм цIыху цIыкIум езым и IэкIэ щигъэувыжауэ щекIуэкIащ унафэщIышхуэм и жыIэм унафэщI цIыкIур блэдэIукIыныр щхьэзыфIэфIагъыу ялъытэрэ, ищхьэмкIэ къытетым и Iэр зыдишия лъэныкъуэмкIэ фIэкI, нэгъуэщI зыщIыпIэкIэ укIуэныр бзаджэнаджагъэу ягъэувын хабзэр. Наршу къуажэ дыхьэпIэм щагъэува фэеплъри апхуэдэ зэманыгъуэ хэхуати арат тыншу и пIэм итыну Iэмал щIимыгъуэтри, езы фэеплъым и ягъэ лъэпкъи абы хэмылъ пэтми, къуажэдэсхэми псэхупIэ щIаримытыр. АтIэ, гъащIэщIэм къемызэгъ гуэр унафэщIым фэеплъым иджыри зэрыдилъэгъуам кърикIуар сыт? «...Абы кърикIуари? Абы кърикIуар. Сытми, зыгуэр къэкIуам фэеплъыр зэпиплъыхьащ, гупсысащ, нэщхъей къэхъуащ, зытриубыдэнур къызэрищIам и щыхьэту, и Iупэр зэтрикъузэри къалэм кIуэжащ.
Пщэдджыжьым къуажэдэсхэм зи щхьэр пымытыж фэеплъыр къалъэгъуащ. Куэдым къэхъуар къагурыIуакъым, нэхъыбэжым къагурыIуэнуи хуеиххакъым. АтIэ сыт абы щхьэкIэ, и щхьэр жыгым къыпиудамэ, цIыхухэм я щхьэр щып… Ауэ ар зырикIщ, «мэкъуауэгъуэщ!» Арат нэхъыбэр зэрегупсысыр а Iуэхум. ЗэрыжаIэмкIэ, ар апхуэдэу щIащIар буржуазнэ национализмым и гъуэгу мыгъуэм теува тхакIуэ гуэрым зэрещхьыркъэпсыр арат… А псалъитIым къикIыр тэмэму къагурымыIуами, къуажэдэсхэм къэхъуар зэхуаIуатэри зэбгрыкIыжащ. Мэкъуауэгъуэт, лIэун!..»
Мы пычыгъуэ цIыкIур щыхьэт тохъуэ Къанкъулым и тхыгъэр и псалъэр мащIэрэ, гупсысэр ебэкIыу зэрызэхэлъым. Япэрауэ, къуажэдэсхэм я дежкIэ мыхьэнэ гуэри иIэкъым а фэеплъыр хэт ещхьми, абыхэм ящIэркъым «буржуазнэ национализмыр» зищIысыр, зрагъэщIэнуи я нэр къикIыркъым.
Абыхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI хабзэу ящIэр, адэжь щIэину яIэр мыращ - дэтхэнэ лэжьыгъэми, дэтхэнэ Iуэхуми езым я пIалъэрэ зэманрэ яIэжщи, ар блэбгъэкI, укъыкIэрыху хъунукъым, арыншамэ, гугъу уехьынущ. Дызытепсэлъыхь Iуэхур къыщыхъуар мэкъуауэгъуэ зэманщи, къуажэдэсым къыфIэIуэхукъым фэеплъыр хэт ещхьми, ар зэщхьыр сыт хуэдэ гъуэгу теувами. Абы къыфIэIуэхур зыщ - «Мэкъуауэгъуэщ, лIэун!»
Повестым щыщ пычыгъуэ къэтхьахэм къагъэлъагъуэ образхэр къыщигъэщIкIэ, тхакIуэм ахэр «мыр фIыщ», «мыр Iейщ» жиIэу зэхэдзауэ ди пащхьэм къызэрыримылъхьэр, атIэ зытепсэлъыхьым хэлъа нэщэнэхэмрэ а нэщэнэхэм цIыху зэхуэмыдэхэр зэрахущыта щIыкIэмрэ тхылъым еджэм и нэгум наIуэу къыщIегъэувэри, абы дэтхэнэ зыри зэреплъыну щIыкIэмкIэ и щхьэ хуитыжщ.
ТхакIуэм дыкъыхуриджэркъым, псалъэм папщIэ, «гъащIэщIэр ухуэным и гъуэгум тетхэм ди пыIэр яхущхьэрытхыу, а гъуэгур зыфIэмыкъабылхэм «гъащIэм къыкIэрыхуакIэ, гъащIэщIэм лъакъуэщIэдз хуэзыщIкIэ» деджэну. Мы дунеишхуэр плъыфэ мелуан Iэджэу зэрызэхэлъым хуэдэ дыдэу, зэмыфэгъущ цIыху гъащIэри - а гъащIэр нобэрей дунейм зэрытет гъуэгури зэмыфэгъу бжыгъэншэу зэхэджащ.
ТхакIуэм мы повестым къалэн щызыхуигъэувыжыркъым «узэрыпсэун, дунейм узэрытетын хуейр мыпхуэдэущ» жиIэу тхылъеджэм чэнджэщ иритыну. Абы и къалэн нэхъыщхьэу къилъытэжыр а дунейр зыхуэдэр нэрылъагъуу, Iэмал зэриIэкIэ и Iейри ифIри къигъэнаIуэу абы и пащхьэм кърилъхьэныр аращи, мис а дунейр IупщIу къызэригъэлъэгъуэфын Iэзагъ тхакIуэм бгъэдэлъ, и къэгъэлъэгъуэкIэр узыIэпишэрэ утемызашэу иухуэфрэ? Мис а Iуэхугъуэхэр тхакIуэм къехъулIэмэ, адэкIэ тхылъеджэм езым къилъыхъуэжынщ куэдыкIейуэ зэхэджа гъащIэ гъуэгуанэхэм ящыщу къыхихыпхъэу къилъытэр.

Поделиться: