Проектхэм я фIыгъэкIэ

 Урысейм и щIыналъэ псоми щагъэзащIэ «Къалэхэм я теплъэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ проектыр. Ар зэрагъэлэжьа зэманым къриубыдэу (2017 гъэм къыщыщIэдзауэ)  ди къэралым и муниципальнэ щIыналъэхэм ухуэныгъэу мин 50-м нэблагъэ зыхуей щыхуагъэзащ.

А Iуэхум Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрехъулIэр къапщтэмэ, 2022 гъэм къриубыдэу объекту  зэрагъэпэщыжымрэ щIэуэ яухуэмрэ 50-м ноблагъэ. ИпэкIи зэрыжытIащи, абы хеубыдэ фэтэр куэд зыхэт унэхэр, кхъахэ хъуа псэупIэ-коммунальнэ комплексхэр, еджапIэхэр, сымаджэщхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр. Мы илъэсым сом мелуан 260-рэ и уасэ лэжьыгъэ кърахьэлIэнущ.

Нэхъ ухуэныгъэ инхэм ящыщщ километр 70 зи кIыхьагъ «Бахъсэн псыжапIэхэр» проектыр. Мы илъэсым абы иращIылIэну лэжьыгъэхэм сом зы мелардым нэблагъэ хуэзэнущ. Апхуэдиз дыдэ  абы иджыри хухахынущ ухуэныгъэр икIэм щынагъэсыну 2023 гъэм къриубыдэу.

Гуапэр «Къалэхэм я теплъэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ проектым хиубыдэну объектхэр къыхахын ипэкIэ ирагъэкIуэкIа онлайн-IэIэтым цIыхухэр жыджэру зэрыхэтар - Урысей псом мелуан 11-м нэблагъэ. Ди республикэм и щIыналъэхэм щекIуэкIа апхуэдэ IэIэтхэм япкъ иткIэ зэIузэпэщ щащIащ лъэс зекIуапIэхэр, фэтэр куэду зэхэт унэхэм я бжэIупэхэр, сабий джэгупIэхэр, спортымкIэ утыкухэр, зыгъэпсэхупIэ паркхэр.

 ЦIыхухэм я Iуэху еплъыкIэхэр къэхутэнымкIэ урысейпсо центрым иджыблагъэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ди къэралым щыпсэухэм я зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэм ди гъащIэм увыпIэ лъагэ щызыубыда лъэпкъ проектхэм мыхьэнэ ин зэраIэр къалъытащ.

 

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: