ГъащIэ узыншэм хуаущий![]() «Урысейм и сабийхэр-2022» зыфIаща профилактикэ Iуэхум ипкъ иткIэ Урысей МВД-м и Управленэу Налшык щыIэм и лэжьакIуэхэр дохутыр-нарколог Нагорная Татьянэ ящIыгъуу псалъэмакъ щхьэпэ драгъэкIуэкIащ къалэм и курыт еджапIэ №32-м щеджэхэм. ЩIэблэм и гугъу хуащIащ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ наркотикхэкIхэмрэ зэрышынагъуэм. Полицейхэм школакIуэхэм жраIащ наркотикхэкIхэр зэхьэлIэныр зэрызэраныр, ахэр цIыхум и Iэпкълъэпкъым зэрнгуауэм и щапхъэхэр къахьащ, апхуэдэуи щагъэгъуэзащ наркотикхэкIхэр, акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэр щэным жэуапым узэрыришалIэм. ШколакIуэхэм гурагъэIуащ щIалэгъуалэр къемызэгъ пкъыгъуэхэр зэхьэлIэным хашэн папщIэ бзаджащIэхэм къагъэсэбэп Iэмалхэр. Iуэхум хэтахэр тепсэлъыхьащ и чэзум «хьэуэ» жыпIэным, апхуэдэу гуп мыхъумыщIэм хэтхэм зыдумыгъэхьэхыным мыхьэнэшхуэ зэриIэм. Лекцэм и кIэухыу школакIуэхэм упщIэ куэдкIэ зыхуагъэзащ IэщIагъэлIхэм икIи узыншэу псэуным теухуа чэнджэщхэр къратащ.
Поделиться:
Читать также:
09.08.2026 - 11:18 →
АдыгэщIым и макъыр зэхыдох
09.08.2026 - 09:58 →
Темыркъаным и пшыхьхэр
08.08.2026 - 13:41 →
Жылагъуэ транспортым къыхохъуэ
08.08.2026 - 12:26 →
ЗэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
08.08.2026 - 11:31 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||





