ХэкIуэда я лэжьэгъухэм я анэхэм яхуэкIуащ

Анэм и махуэр сыт щыгъуи Iэтауэ щагъэлъапIэ ди къэралыи. Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм гулъытэншэу къигъэнакъым зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я анэхэр. Абыхэм зыщIагъэкъуащ, ахъшэкIэ ядэIэпыкъуащ. 

Урысей гвардием и щIыналъэ Управленэм и ОМОН-м и лэжьакIуэхэр яхуэзащ милицэм и прапорщик Хомяков Сергей и анэм. Абы саугъэткIэ хуэупсащ, мылъкукIи зыщIагъэкъуащ.
Хомяковэ Любовь хьэщIэхэр гуапэу иригъэблагъэри, и къуэм теухуа гукъэкIыжхэмкIэ къадэгуэшащ. ЛIыгъэм и орденыр зрата, милицэм и прапорщик Хомяков Сергей 200I гъэм яIэщIэкIуэдащ IэщэкIэ зэщIэузэда щIэпхъаджащIэхэм. 
- Уэ пщIэну дыхуейщ сыт щыгъуи щIэгъэкъуэн дыхъуну дызэрыхьэзырыр. Ди IэнатIэм и унафэщIхэри лэжьакIуэхэри къохъуэхъу узыншагъэ быдэ уиIэну, уи унэм зэIузэпэщыгъэ илъыну. Дэтхэнэ лэжьакIуэми, дзэ къулыкъущIэми и къалэнщ я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуэщIыныр, - жиIащ полицэм и майор Эльдар К. 
Апхуэдэу, Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм, ведомствэм и ветеранхэм я щIыналъэ советым и тхьэмадэ, полицэм и полковник Хужьокъуэ Руслан ящIыгъуу Анэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ Мысост Хужьпагуэ. Абы и къуэ, ЛIыгъэм и орденыр зыхуагъэфэща Мысост Артур и къалэн игъэзащIэу 2005 гъэм хэкIуэдауэ щытащ. 
Къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ Артур и гъащIэ гъуэгуанэр, и къулыкъур зэрырихьэкIар. Хужьпагуэ жиIащ и къуэр и сабиигъуэм щыщIэдзауэ милицэм къулыкъу щыщIэным, цIыхухэм къащхьэщыжыным хущIэкъууу зэрыщытар. Анэм и хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ Артур зэращымыгъупщэм папщIэ. 
- Дэ гулъытэншэу укъэдгъэнэн тхузэфIэкIакъым. Нобэ, Анэм и махуэм, псом хуэмыдэу фэ фыхуэныкъуэщ гулъытэ, лъагъуныгъэ. Къытхэмытыж ди лэжьэгъухэм я IыхьлыхэмкIэ мыпхуэдэ гулъытэ яхуэтщIын, ди нэIэ ятедгъэтын хуейщ. ЦIыхухэм я шынагъуэншагъэр яхъумэу зи гъащIэр зытахэм я фэеплъыр хъумэныр ди къалэнщ, - къыхигъэщащ Хужьокъуэ Руслан.
Звезднэ къуажэм щыIэ дзэ частым къулыкъур щезыхьэкIхэри яхуэзащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я анэхэм. Абыхэм IэщIалъхьащ удз гъэгъахэмрэ саугъэтхэмрэ, фIыщIэ псалъэ гуапэхэри жраIащ. 
УнафэщIхэми езыми къабгъэдэкIыу анэхэм ягъэлъапIэ махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ подполковник Албетков Андрей. 
- Мамэ - а псалъэм епхащ фIыуэ, гуапагъэрэ IэфIыгъэу тхэлъ псори. Ди щхьэр фхудогъэщхъ апхуэдэ щIалэхэр зэрыфпIам папщIэ. ПщIэ зэрыфхуэтщIыр, фэркIэ дызэрыгушхуэр къызэрыдгъэлъэгъуэн псалъэхэр къэгъуэтыгъуейщ. Фэ фщIэн хуейщ сыт щыгъуи дызэрыфщIыгъур, сыт хуэдэ дакъикъэми зыфщIэдгъэкъуэну дызэрыхьэзырыр, - жиIащ офицерым. 
 

Зыгъэхьэзырар БАХЪСЭН Азэмэтщ.
Поделиться: