ЦIыхумрэ плъыфэмрэПлъыфэ куэд щыдолъагъу мы дунейм. Лэгъупыкъур зи теплъэу щыт гъащIэр куэдрэ къытхуотыгъэ хужьыгъэкIэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иужьрей зэманым бжьыпэр иIыгъщ фIыцIафэм. Абы и щхьэусыгъуэхэри гурыIуэгъуэу къыщIэкIынщ: уз шынагъуэ, лэжьыгъэншэ, мэжэщIалIагъэ, цIыхугъэншагъэ, зэрыукI… ЦIыхухэм сфIэгъэщIэгъуэну куэдрэ сакIэлъоплъ. Мы махуэхэм нэхэр нэхъ зытеплъызэу щытар плъыфэхэрщ, цIыхухэм ящыгъ щыгъынхэм я плъыфэхэрщ. Москва метром сыт щыгъуи цIыхур щыкуэдкъэ-тIэ? ГъэунэхупIэ щIыпIэу къыхэсхари аращ. Сызэплъа, зэпэсплъыхьа цIыхухэм ящыщу процент 89-м ящыгъыр щыгъын фIыцIафэщ. Куэдым жыфIэнкIи хъунущ: «ЩIымахуэщ, аращ апхуэдэу щIыщытыр!» Си жэуапыр: «Хьэуэ!» Гъэмахуэри, бжьыхьэри, гъатхэри хэзгъэхьащ си кIэлъыплъыныгъэм. ЦIыхухэм я процент II-рщ цIуугъэнэр къыхэзыхыр. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, нэм занщIэу къипхъуатэ плъыфэ сфIэфIми, фIыцIафэкIэ сыерыщщ. Си нэIуасэ цIыхубз гуэр сыхуэзати, псалъэмакъыр плъыфэхэм щынэсым, къызжиIар сфIэтелъыджэщ: «ФIыцIэкIэ ухуэпами, Беслъэн, хужьу узолъагъу!» ЩIагъыбзэкIэ псалъэ къызиIуэкIами, гушыIэу жиIами, сщIэркъым, ауэ сыту пIэрэ зэлъытар цIыхум уеплъа нэужь, ар зыхуэбгъадэ плъыфэр?
Поделиться:
Читать также:
09.08.2026 - 11:18 →
АдыгэщIым и макъыр зэхыдох
09.08.2026 - 09:58 →
Темыркъаным и пшыхьхэр
08.08.2026 - 13:41 →
Жылагъуэ транспортым къыхохъуэ
08.08.2026 - 12:26 →
ЗэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
08.08.2026 - 11:31 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||




