Адыгэхэм я япэ театр

Адыгэхэм япэу яIа тетрым и тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. Абы щыхьэт тохъуэ Адыгей хэку музейм и фондым къыщагъуэтыжа сурэтхэр.
Псалъэм папщIэ, сурэтхэм къаIуатэ адыгэ театрыр I908 гъэм Екатеринодар (иджы Краснодар къалэрщ) щыIауэ. Театрым игъэлъагъуэу щытащ адыгэ хабзэм, IуэрыIуатэхэм теухуа спектаклхэр.
I908 гъэм щIышылэм и I8-м къыдагъэкIа «Шэрджэс программэм» зэрыжиIэмкIэ, а махуэм и пщыхьэщхьэм адыгэхэм къагъэлъэгъуащ «ЗауэлIхэр зекIуэ зэрежьэ», «Хъыджэбзхэм зауэлIхэр зэрагъэшэсыж», «Зауэм хэкIуэда и къуэм щхьэкIэ анэм и псалъэ» жыхуиIэ теплъэгъуэхэр, нэгъуэщIхэри.
А едзыгъуэхэр зытхам и сурэтыр къэна щхьэкIэ и цIэмрэ и унэцIэмрэ хъума хъуакъым. ЗэрыжаIэжымкIэ, абы режиссерым и къалэнхэри зыкъомкIэ игъэзащIэу щытащ.
Адыгэ театрым дэIэпыкъуэгъуу иIар «IуэхуфI лэжьынымкIэ шэрджэсхэм я хасэрат». Спектаклхэм ирахьэлIэ декорацэхэр а хасэм къызэригъэпэщыну, ауэ фащэм и нэхъыбэр езы артистхэм зэхуахьэсыжыну я къалэнт.
Театрыр зэрыджэгур адыгэбзэт. Урысхэм спектаклхэр къагурыIуэн папщIэ либреттэр урысыбзэкIэ къыдагъэкIырт.
I908 гъэм япэIуэкIи адыгэм театр яIарэ ямыIарэ зэхэгъэкIа хъуакъым. Ауэ а гъэм къыщыщIэдзауэ адыгэ театр Екатеринодар щылажьэу зэрыщытар етIуанэрей «Шэрджэс программэм» къегъэлъагъуэ.
I9I4 гъэм щIышылэм и 2-м адыгэхэм ягъэлъэгъуащ «Кушыку Азов зэрытеуар» жыхуиIэ спектаклыр. Пьесэр зытращIыкIыжар адыгэ IуэрыIуатэрщ. Тырку сулътIаным и пэщэ Азакъ Пашэси Азов къалэ тету къагъакIуэ. Беслъэней пщыжь гуэрым деж ар хьэщIэу щыIэу а пщыжьым ипхъу Гулэр къелъагъу.
Пэщэм мурад ещI Гулэ «жэщ дэгъуэлъу» и гаремым ишэну. АрщхьэкIэ Гулэ и адэм ар пащэм хуидэркъым. Гулэ фIыуэ илъагъур Кушыкущ. «ФIыуэ зэрылъагъуитIым я къуэпс зэпыбудыну гуэныхьщ», - жи лIыжьым. Щымыхъужым, Азакъ Пашэси мылъкукIэ къегъэIулэ адыгэ щIалэ ГъэпцIакIуэ. Ар Гулэ кIэщIеутIыпщхьэ. ГъэпцIакIуэр Гулэ деж жэщу къокIуэ. Абы Гулэ жреIэ:
– Сэ уи деж Кушыку сыкъигъэкIуащ. Абы апхуэдизкIэ фIыщэу укъелъагъури, уэрыншэу зы махуи псэуфынукъым. НакIуэ, нежьэ. Уи адэми зыри жиIэнкъым.
Гулэ арэзы мэхъу. ГъэпцIакIуэр и гъусэу унэм къыщIокIуэсыкIри, ар мэшэс, Кушыку деж яхь къыфIэщIу. АрщхьэкIэ Гулэ къыщохутэ Азакъ Пашэси и унэм... Дыщи налкъути пащэм кърет Гулэ, арщхьэкIэ Гулэ ар зыбгъэдигъэхьэркъым. ФIыуэ илъагъу Кушыку щIэгупсысурэ мэгъу, мэгуIэ.
Кушыку шу гуп егъэшэсри, макIуэ Азов. Пэщэм и янычархэр – зауэлIхэр зэтраупщIатэурэ къалэр къащтэ. Кушыку щIоуэ езы Азакъ Пашэси зыщIэс унэм. Пэщэр фокIэщIым йопхъуэ, арщхьэкIэ Кушыку сэшхуэкIэ йоуэри, пэщэр еукI.
Тырку къалэм мафIэ щIадзэри, адыгэхэм къагъэзэж, Гулэ я гъусэу.
Псыжь къэсыжахэу тырку пхъэрыр къакIэлъос. Зауэшхуэу яублам адыгэ псори хокIуадэ, Кушыкурэ Гулэрэ фIэкIа къэмынэу. Тыркухэр къыщебгъэрыкIуапэм, фIыуэ зэрылъагъуитIым замыту, Псыжь зыхадзэж....
А IуэрыIуатэр XIХ лIэщIыгъуэм куэдым ятхыжауэ щытащ. Хъан-Джэрии, Стали, Дубровини къаIуэтэж а хъыбарыр.
Иджы, дауи, гугъущ а зэманым ягъэлъэгъуа спектаклхэм, артистхэр зэрыджэгуфу щыта щIыкIэм утепсэлъыхьыну, ауэ, апхуэдэу щыт пэтми, сурэт къагъэнахэм зыкъом къаIуэтэж. Мизансценэхэм, декорацэхэм, пьесэм хэтхэм я фащэхэм, я гримым къыжаIэ а спектаклхэм Iэзагъэ зэрыхэлъар.

 

Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться: