ФызыщIэупщIэн щыIэмэ

Пенсэ фондым къет

УФ-м и Пенсэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и къалэным хыхьэу, цIыхухэм зэрызыкъыхуагъазэ упщIэхэм жэуап етыныр егъэфIэкIуэным хуолажьэ 8 (800) 600-01-84 «телефон пщтырыр». Фондым зэфIигъэкIыпхъэхэм теухуа упщIэхэмкIэ абы зы мазэм къриубыдэу ику иту 6000-м щIигъурэ зыкъыпащIэ.

Линэ пщтырым и операторхэм телефонкIэ пщIэншэу чэнджэщхэр ират пенсэ (социальнэ) къызэгъэпэщыныгъэмрэ Iэмал зимыIэ пенсэ страхованэмрэ ехьэлIауэ; къудамэм и щIыналъэ IэнатIэхэм я хэщIапIэхэм, телефонхэм, ахэр щылажьэ зэманым, цIыхухэм къэрал Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыхуащIэ щIыкIэхэм, щыхузэфIахыну пIалъэм, Iэмал имыIэу узыхуеину дэфтэрхэм, къулыкъущIэхэм я лэжьыгъэмкIэ мыарэзымэ, абы щхьэкIэ зэрытхьэусыхэну хабзэхэм щагъэгъуазэ.

Поделиться: