ЦIыхумрэ псымрэ

ЦIыхум и щытыкIэр, и гурыщIэр, и гупсысэр псым зэрызыхищIэр къэзыгъэлъагъуэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ профессор Коротков Константин.

ЦIыху гупым псы зэрыт хьэкъущыкъур къаувыхьу, IэфIыгъэ, гуапагъэ, лъагъуныгъэ, щабагъэ зыхэлъ гупсысэхэм фIэкI нэгъуэщI Iей лъэпкъ я гум къэмыкIыну елъэIуахэщ. ИужькIэ псыр яхъуэжри, я гупсысэхэр нэгъуэщIу зэрахъуэкIащ. Псы лIэужьыгъуитIми я молекулэ зэхэлъыкIэр къапщытэжати, ахэр зэщхьэщыкIауэ къыщIэкIащ. Лъагъуныгъэм псым и къарумрэ и къабзагъэмрэ хигъэхъуащ, Iейм псым и къарур щIихри, кластерхэр зэхикъутащ.

Ардыдэм нэгъуэщI IэмалкIэ хуэкIуащ Японием щыщ профессор Масару Эмото. Абы и лабораторием псыр мыл хъуху криоген камерэм щагъэщтащ. Микроволновэ хьэкум щагъэхуэба псым, жып телефоныр зыбгъэдэлъам, и молекулэхэм зэхэувэкIэ гъэщIэгъуэн яIэт, ауэ псом нэхърэ нэхъ телъыджэр абыхэм ятхарт. «Упсэу», «ФIыщIэ пхузощI», «Къысхуэгъэгъу» псалъэхэр тхыпхъэщIыпхъэ дахащэу зэхэтт.

Псалъэ Iей зыжраIа псым и кластерхэм ятха тхыпхъэщIыпхъэхэр нэджэIуджэт.

И ныбжьым елъытауэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъым псыуэ процент 70-90 хуэдиз хэтщ. Тэмэму псэун папщIэ, ику иту цIыху балигъым зы махуэм псы литри 2 - 2,5-рэ ирифын хуейщ. ЗыщигъэпскIым деж иджыри зы литррэ ныкъуэрэ хуэдиз и щIыфэм хохьэ. Япэм псы ежэхым и Iуфэм фIэкIа жылагъуэ щытIысыртэкъым, абы щыпсэухэр тыншу псыкIэ къызэгъэпэща хъун щхьэк1э. Адыгэм апхуэдизкIэ а псы ежэхым пщIэ хуищIырти, Iэ щIыбкIи, Iэ сэмэгукIи ар къригъахъуэртэкъым.

Иджы цIыхум зригъэсащ давленэшхуэкIэ псыр кърихуэкIыфу, ар километр пщIы бжыгъэкIэ ехури, къат куэду зэтет унэм и фэтэр къэс нехус. АрщхьэкIэ, залымыгъэкIэ фэтэрхэм яху псыр зэрыт бжьамийхэм къэгъэшыпIэ ткIий куэд яIэщи, абыхэм икIыху псым и молекулэ ухуэкIэр зэтокъутэ. Апхуэдэ псым и кристаллхэм иджыри псым и ухуэкIэ гуэрхэр яхъумэми, абыхэм я теплъэр зэблэшащ, япэм зэрыщытам техуэу зы тхыпхъэщIыпхъи хэткъым.

- Унэр зэрагъэплъ системэм итыр минерал зыри къызыхэмынэжа псыщ. Ар псы фащ. Апхуэдэ псым фIэкIуэда къарур унэхэм щыпсэу цIыхухэм, псэущхьэхэм, къэкIыгъэхэм къахешыж. Псы фам къарур едыгъу, - жеIэ Китайм щыщ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, профессор Ван Гуохуа.

Къалэшхуэхэм ящыщ куэд псыкIэ къызэгъэпэщыгъуейщи, яуфIея псыр химиекIэ, фильтр лъэрызехьэхэмкIэ ягъэкъэбзэжри, щIэрыщIэу унэ зэтетхэм хуаутIыпщыж. Ауэ а псым щыгъупщэркъым химическэ щхъухь къызэрыхалъхьари, фильтрхэм я залымыгъэм зэрыпхагъэкIари. Абы нэхърэ нэхъ шынагъуэжи идощIэ псым – цIыхухэм ар доуфIей гупсысэ мыфэмыцхэмк1э. Фэтэр минхэм я бжьамийм пхырыкIыу ди деж къэса псым ехъумэ дэтхэнэ унагъуэми ифIри и Iейри.

- Дэ псыр доуфIей щысхьыншэу, зэпыу имыIэу, егъэлеяуэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэтхэнэ цIыхуми и фыгъуэныр, и сыт хуэдэ Iейри псым къещтэ, етх. Апхуэдиз фэтэрым пхырыкIа нэужь, ди деж псыр къос мыпсэу -мылIауэ, - жеIэ Австрием щыщ профессор Аллос Грубер.

- Дэ псоми дощIэ псы щымыIэу гъащIи зэрыщымыIэнур. ИкIи шэч къытетхьэжыркъым дунейм япэу къытехьа псэущхьэхэр псым къызэрыщыунэхуам. ИужькIэ, фIыуэ заужьа нэужь, а псэущхьэхэр есауэ аращ псым хэмысу псэуфу, - жеIэ США-м щыщ профессор, Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща Вютрих Курт.

Муслъымэн динми псым пщIэшхуэ хуещI: ари нэгъуэщI сыт хуэдэ ерыскъыри Iэ ижькIэ фIэкIа уи жьэм дэпхьей хъунукъым. Псым уефэн и пэ къихуэу, «Бисмиллахьи» жыпIэу уефэн хуейщ, узэрефар щыбгъэувыжк1э, Алыхьым фIыщIэ хуэпщIын хуейщ «Аль-хьэмду ли-Ллахь» псалъэхэр жыпIэу. Псым зэ IэтыгъуэкIэ, махъшэм хуэдэу, уефэ хъунукъым. Уи Iэпкълъэпкъым хыхьэ псыр IэтыгъуитI-щыкIэ зэпхьэлIэн хуейщ, Iэтыгъуэ къэс ищхьэкIэ къыщыдгъэлъэгъуа хабзэр кIэлъызепхьэу. Япэм ялъытэрт апхуэдэ хабзэ ткIийхэр диныр къум щIыпIэм къызэрыщыунэхуам къыхэкIауэ, арщхьэкIэ щIэныгъэлIхэм къахь щыхьэтхэм къагъэлъагъуэ псым дэнэ щIыпIэкIи апхуэдэ пщIэшхуэ зэрыщыхуэфащэр.

Сыт хуэдэ жылапхъэри, сыт хуэдэ псэущхьэм и Iэпкълъэпкъри (сыт хуэдэ имбрионри) псым хэлъу гъащIэм щIедзэр. Имбрионыр зыхэлъ псыр холэжьыхь гъащIэ зыгъуэтын хуей Iэпкълъэпкъыр зэхэлъхьэнми, ар къэхъукъащIэ гуэрхэм щыхъумэнми. Къалэн хуащI псори зылъэкI компьютерым ещхьу, псыращ сыт хуэдэ биологическэ программэри къызэIузыхыр. Апхуэдэу щыщыткIэ, псым куэд щихъуэжыфынущ гъащIэм.

- Дэ псым хэдутIыпщхьащ малъхъэдис махэ дыдэм и импульс. Ар щIым и малъхъэдис губгъуэм нэхърэ минипщI бжыгъэкIэрэ нэхъ махэт. ИужькIэ апхуэдэ псым бдзэжьей къызэрыгуэкIхэр хэдгъэтIысхьащ, - жеIэ профессор Солодилов Александр. - А бдзэжьейхэм щIэжьей къащIэхъуащ, псори зэтIолъхуэныкъуэм хуэдэу зэщхьу, ауэ я теплъэкIи, я хьэл-щэнкIи адрей бдзэжьейхэм къащхьэщыкIыу.

ЗэкIэ апхуэдэ гъэунэхуныгъэхэр зыдрагъэкIуэкIар бдзэжьейхэрами, хэт шэсыпIэ иувэфыну ди фэтэрхэм къиж псым пщэдей а малъхъэдисым хуэдэ хамыутIыпщхьэну, ар дыдэмкIи зэрыхуейм хуэдэу цIыхухэр ягъэIурыщIэну яужь имыхьэну? Аращ псыр зыдж щIэныгъэлIхэр егъэлеяуэ сакъын щIыхуейр.

1932 гъэм США-м и физикхэм къахутауэ щытащ псы къызэрыгуэкIым нэмыщIа иджыри псы хьэлъэ зэрыщыIэр - «Нитерий 2 О» зыфIащар. А нитерийращ лъабжьэ хуэхъуар бомбэ нэхъ шынагъуэ дыдэр - водороднэр - къагупсысыным. АтIэ, сытым хуишэну иджы дунейр псы къызэрыгуэкIым и щэху къызэкъуаххэм?

Зэи цIыхум и лъэр нэмысауэ псынэ къыщыщIэжу щIэныгъэлIхэм мы щIы хъурейм къащыхуэгъуэтар зы щIыпIэ закъуэщ. А псынэр здэщыIэр индеецхэм Типпулы («пкъохэр» жиIэу аращ) зыфIаща щIыпIэ пхыдзарщ.

- А щIыпIэм укIуэну егъэлеяуэ гугъущ. Саваннэм, джунглим ухэту махуищкIэ гъуэгуанэ зэпыпча нэужь, зи джабэр пхъэхкIэ гуахам хуэдэу захуэу щыт бгым и щыгум удэкIын хуейщ. Абы и щхьэм къыщыщIэж псыр дунейр къыщыунэхум щыгъуэ зэрыщытам хуэдабзэу хъума хъуауэ жыпIэмэ ущыуэнукъым, – жеIэ урысей щIэныгъэлI, профессор Коротков Константин.

А бгы гупым я нэхъ лъагэ дыдэ Ораймэ сыт щыгъуи пшэ Iувышхуэ щхьэщылъщ. Пшапэ зэхэуэгъуэм а пшэр нэхъ нэху мэхъу. Бгы щыгум мазэр къыщхьэщыувэмэ, пшэр щIыхуфэу къызэщIонэри, мазэгъуэ нэхум IупщIу къыхощ мыхъейуэ хьэуам хэлъ псы ткIуэпс цIыкIунитIэхэр. Акъужь щхьэхынэ къызэрепщэу, хьэуам хэлъ псы пшахъуэр ткIуэпс-ткIуэпсурэ зэхуехьэсри, уэшхыу къошх. А уэшхыпсыращ Ораймэ и щыгум псыкъелъэ уэру къежэхри. ЩIэныгъэлI гуп и гъусэу Коротков дэкIуеящ Ораймэ и щыгум икIи абы и псым щыщ къыхахри Санкт-Петербург къашащ.

- Ораймэ къитша псым хэлъ къарур махуэ къэс дызэфэм хэлъым нэхърэ мин 40-кIэ нэхъыбэу къыщIэкIащ, абы уи Iэпкълъэпкъыр напIэзыпIэм нэхъ жан ещI. Арагъэнщ а щIыпIэм щыпсэухэм а псыр егъэлеяуэ сакъыу щIахъумэр, - жеIэ Коротковым

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: