Ныбжьыр зытезымыгъакIуэм и насыпщ

ЩыIэу къыщIэкIынкъым нэхъуеиншэу гъащIэр фIыуэ зылъагъу, нэжэгужэу Iуэху щхьэпэкIэ зи зэманыр зыгъэнщI, и ныбжь фIэину, зэрызигъэтыншыным хущIэмыкъуу, Iэжан- лъэжану цIыхум щхьэпэ, цIыкIуми инми тыншу бзэ къахуэзыгъуэтыф, абыкъыхэкIыуи пщIэрэ гулъытэрэ щымыщIэ цIыхум нэхъ насыпыфIэ.  Апхуэдэщ Хьэтуей адыгэ къуажэжьым къыщалъхуа зи IэщIагъэрэ щIэныгъэкIэ ухуакIуэ, иужь илъэс 30-м цIыхубэ медицинэм ириIэзэ Бетрожь Валерэ. Ди республикэм къыщыдэкI газетхэми, радиоми, телевиденэми куэдрэ къыщыдгъэсэбэпащ абы и чэнджэщхэр. Сэбэп зыхуэхъуауэ фIыщIэ къытхуэзыщIахэри мащIэкъым. Валерэ и хьэлхэм щыщу нэхъ къыхэгъэщыпхъэу къыщIэкIынщ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым теухуауэ уэршэрэгъуэ гъэщIэгъуэн, гушыIэ дахэ зэрыхэлъыр, сытым и дежи и нэгу зэрызэIухар.

Валерэ зэш имыщIэу и щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ зэрыхигъэхъуэным хущIокъу. Си фIэщ хъуркъым зы удз лIэужьыгъуэ е пхъэщхьэмыщхьэхэкI я цIэ къыпхуиIуэну зыхуэсэбэпымрэ зыхуэзэранымрэ имыщIэу. Валерэ егъэлеяуэ фIыуэ елъагъу бдзэжьей ещэныр, удз щхьэпэхэр зэхуихьэсу ди губгъуэхэр, мэзхэр, къуршхэр къызэхикIухьыныр. Арагъэнщ и лъэр зыгъэжаныр, гукъыдэж щызымыгъащIэр, куэдкIэ нэхъ щIалафэ щIытетыр.
ЦIыхубэ медицинэм зэфIэкI иIэу ириIэзэхэр зэригъэцIыхуну, чэнджэщэгъу ищIыну, ди щIыпIэм къыщымыкI къэкIыгъэ щхьэпэхэр къихьын мурад иIэу Бетрожьым пIалъэ кIыхькIэ къызэхикIухьауэ щытащ СССР-м хыхьэу щыта республикэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абы и мызакъуэу, мы Iуэхум ехьэлIа тхылъ гъуэтыгъуейхэр и гъунэжщи, и щIэныгъэм адэкIи зэрыхигъэхъуэн иужь итщ. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыращи, Валерэ егъэлеяуэ гурыхуэщ. Си фIэщ хъуркъым зэджауэ е щхьэпэ хъун зэхихауэ щыгъупщэжа щыIэу.  Си щхьэкIи, ар зыцIыху журналист си лэжьэгъухэми къабгъэдэкIыу дохъуэхъу ди ныбжьэгъу Бетрожь Валерэ и илъэс 75-рэ зэрырикъумкIэ. 
Уи унагъуэм гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ щымыужьыхыу, мурад пщIар къохъулIэу, уигу хэхъуэу илъэс куэдкIэ упсэун ухъу.

ШАФИЙ Аслъэн
Поделиться: