МВД-м къет

Iуэхур прокуратурэм Iэрагъэхьащ

 

Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм 2022 гъэм жэпуэгъуэм и 17-м  зыхуигъэзащ щIыпIэм щыпсэу, илъэс 77-рэ зи ныбжь цIыхубзым. Абы зэрыжиIамкIэ,  къат куэду зэтет унэм и щIыунэм зыгуэр ихьэри, и къуэм лъакъуэрыгъажитIыр идыгъуащ. Ахэр сом мин 65-рэ и уасэщ.   

Iуэхур зэхагъэкIыурэ, ар зылэжьар наIуэ къащIащ икIи щэкIуэгъуэм и 7-м яубыдащ. Ар  мызэ-мытIэу суд зытращIыхьа, илъэс 38-рэ зи ныбжь налшыкдэсщ.   

ЦIыхухъум илэжьамкIэ зиумысыжащ. Абы жиIащ  жэщым унэм  щыблэкIым  щIыунэбжэр  зэрымыгъэбыдам гу зэрылъитар. Абы лъакъуэрыгъажитIыр кърихри зигъэпщкIужащ.   Абыхэм языр  зэпкърихри пкъыгъуэ-пкъыгъуэурэ иригъэкIащ,  етIуанэр зэрыщыту сом 7500-кIэ ищащ.   ЦIыхухъум  жиIащ  апхуэдэ нэгъуэщI зы щIэпхъаджагъи зэрилэжьар.    

Налшык къалэ полицэм и къудамэ №2-м следствэмкIэ и IэнатIэм  шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къиIэтащ  УФ-м и УК-м и I58-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм и «в» пунктым къыщыхьа щIэпхъаджагъэр (дыгъуэн) илэжьауэ икIи зэхигъэкIахэр прокуратурэм Iэрагъэхьащ.

                                               ФадэхэкI  ищэрт

КъБР-м щыIэ МВД-м экономикэ шынагъуэншагъэмрэ коррупцэм пэщIэтынымкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм къыщIагъэщащ щIыпIэм щыпсэу, илъэс 54-рэ зи ныбжьым контрафакт фадэхэкI зэрищэр.  

         Шэч зыхуащIым и лъапсэр къыщащым къытрахащ фадэхэкI зэрыт птулъкIэ I885-рэ, аркъэ къыщIэгъэкIыным цIэрыIуэ ирихъуа IуэхущIапIэхэм я этикеткэхэр  тегъэпщIауэ, ауэ федеральнэ маркэхэр темыту.

Къуэдзэщ пэшхэм язым къыщагъуэтащ литритху зэрыхуэ полимер канистр 208-рэ, литри I80-м хуэщIа пластик кумбыгъэрэ. Абыхэм спиртымэ къызыхих ткIуаткIуэ ярытт. Аркъэр птулъкIэхэм зэрыракIэ Iэмэпсымэрэ  фадэ нэпцIыр къыщIэгъэкIыным ехьэлIа нэгъуэщI Iэмэпсымэхэри щIэтт.   

ИрагъэкIуэкIа экспертизэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, полицэм и лэжьакIуэхэм къыщIагъэща  фадэхэкIыр ГОСТ-м техуэркъым. Къытраха продукцэр сом мин 560-рэ и уасэщ.     

ЦIыхухъум жиIащ, фадэхэкIыр гъунэгъу щIыналъэм щищэну зэримурадар. Урысей МВД-м Шэджэм районым щиIэ къудамэм и следователым  абы теухуа уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и I7I.3 статьям и I-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ.     

НаркотикхэкIхэр  къытрах

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм  и лэжьакIуэхэм 2022 гъэм дыгъэгъазэм    и 6-м  Налшык къалэ Горькэм и цIэр зезыхьэ уэрамым щаубыдащ нэхъапэм суд зытращIыхьа,  Ставрополь крайм щыпсэур икIи къытрахащ  пкъыгъуэ хужь зэрылъ зэкIуэцIышыхьауэ 25-рэ. Илъэс I8 хъу щIалэм  зэрыжиIамкIэ,  а махуэм  ар Налшык къэсащ,   хухэха щIыпIэм  гъэтIылъыгъэхэр къыщищтащ,  Къэбэрдей-Балъкъэрым щригъэкIыну.

Iуэхур щызэхагъэкIым яубыдам  къажриIащ  Налшык къалэм и гъунэм етIуанэ гъэтIылъыпIэ щэхур зэрыщыIэр, ари къищтэжын зэрыхуеяр.  ЖыхуиIа щIыпIэм  полицэм и лэжьакIуэхэм къыщагъуэтащ  къытрахам ещхь пкъыгъуэ зэрылъ зэкIуэцIышыхьа.  

Экспертизэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, къытрахар «метилэфедрон» наркотикхэкIщ,  зыр грамм  48,98-рэ,  адрейр грамми 100,14-рэ хъууэ.     

Яубыдам теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ.  

ДыгъуакIуэр яубыдащ

Налшык къалэм и УМВД-м  и плъыр частым зыхуигъэзащ 2022 гъэм жэпуэгъуэм и 7-м   Ставрополь крайм щыпсэу, илъэс 47-рэ хъу   цIыхухъум.   Абы жиIащ  экспедитору зэрылажьэр икIи а махуэм  медицинэ препаратхэр  Налшык къалэм Лениным цIэр зезыхьэ и проспектым тет аптекэхэм язым  къызэришар.  Ахэр  ирихыху, абы и «Газель» автомашинэм икIуэдыкIащ  сом 50 000, и паспортыр,  шофер тхылъымрэ   «Форд Фокус»  автомашинэм и тхылъымрэ зэрылъ  фэ сумкэр.  

Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм и ОП №I-м  уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ  и лэжьакIуэхэм  дыгъэгъазэм и II-м  яубыдащ шэч зыхуащIыр. Ар нэхъапэми суд зытращIыхьа, илъэс 62-рэ зи ныбжь налшыкдэсырщ.  ЦIыхухъум илэжьамкIэ зиумысыжащ.    БлэкIрэ абы пэт  гу лъитащ «Газель» автомашинэ щытым и итIысхьэпIэ бжэр зэрымыгъэбыдам.  Барсеткэр къищтэри, абы  сом мин 50  къыдихащ, езы сумкэр  тхылъхэр зэрыдэлъу хыфIидзащ.   

Налшык къалэм щыIэ УМВД-м следствиемкIэ и къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и I58-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм и «в» пунктым къыщыхьа  щIэпхъаджагъэм ипкъ иткIэ.    

                                                                

 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: