Гупсысэхэр

Насып сыт хъужыр?

Сыту си насып сэ! МыхъумыщIагъэ куэдкIэ цIыху-мыцIыхухэр къыспэщIэувами, сынасыпыфIэщ! Насып сыт хъужыр? Хэти и насыпыр сомым хелъагъуэ, адрейм лэжьыгъэр къелъытэ насыпу, ещанэм жып телефоныщIэкIэ насыпыр къыхуэтыгъэу къыщохъу, еплIанэм насыпышхуэу къелъытэ фIыуэ илъэгъуам дэуэршэрмэ…

Дэтхэнэ зыми насып иIэжщ, ар абы зрипхыну IуэхугъуэмкIи хуитыжщ. Насыпыр сэркIэ жылэу хэса хъугъащ, зэманкIэ узэIэбэкIыжмэ. Жылэм пкъыфIэу къикIыкIа жыгыпкъым зишэщIащ. Абы къыдэжа, къыкъуэжа къудамэхэм гъагъэр я теплъэ хъуащ. Хъугъэ къызыпидзэу щIидза къэкIыгъэм и хъерыр IэфI дыдэт. А хъерым щыщхэмкIэ гуашэ хъуа си цIыхупсэм къытеджэгухьа, къыхэджэгухьа куэдым къызатащ къару.

 Куэдрэ сыхыщIами, седжэбауэурэ лъакъуэхэр кIуэтами, а къарум къызгуригъэIуащ сызэрынасыпыфIэр. А насыпыр хызолъагъуэ сыкъызыгурыIуэ, сызэхэзыщIыкI, къыскъуэт, къысщхьэщыт си адэ-анэм, къуэш-шыпхъухэм, нысэм, сабийхэм, ныбжьэгъугъэкIэ къыскъуэувахэм, адыгэбзэкIэ сызэрыпсалъэм, уафэр зэрыкъащхъуэм, щIылъэр зэрыщхъуантIэм, дыгъэр и бзийкIэ къызэрызэдэхащIэм, сызэрыбауэм, сызэрыпсэум…

 

ФIымрэ Iеймрэ

 ЦIыхум и псэм нэхърэ нэхъ дахэрэ цIыхум и гум хэлъ къарум иIэ зэфIэкIымрэ ебэкI, ефIэкI щымыIэу къысщохъу. Апхуэдиз дыркъуэ зытехуа си гум къару имыIамэ, лъэщу зэщIэплъэу щымытамэ, абы удыну техуам «иримыхыу» дауэ къызэтена?!

Си псэм дахагъэ мыкIуэщI хэмылъмэ, фIыцIагъэрэ Iейуэ къыскIэрыпщIам ебэкI фIыгъуэ псэм дауэ къигъэщIыфа?! Зигу мыуз, зи псэ мыхыщIэ цIыхум цIыху нэскIэ уеджэ хъуну?! Мыхъунуми – мэпсэу апхуэдэхэр, гъащIэм и курыхыр зи тIысыпIи яхэту. Ахэращ нобэкIэ куэдым я щапхъэу щытыр, я гъуазэр, гъуэгугъэлъагъуэр.

 Сыт тщIэн - цIыхум пэгъунэгъур къыхехыж. Абыхэм къащхьэщыкIыу си гуэгъу-фэгъур зи гур хуабэхэрщ, зи псэр дахэхэрщ. Куэдым куэдыр жаIэу щытми, къэкIуэну зэманым и фащэр цIыхупсэ махэхэрщ, цIыхугукIэ зэщIэплъэхэрщ. Дахагъэм пэджэжыфынкIэ хъунур ахэращ. Iейм, фIыцIагъэм, мыхъумыщIэм пэувыфыр псэкIэ къулей, гущIэгъу зыхэлъ цIыхущ.

 

 

 

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться:

Читать также: