Суд зытращIыхьа шоферхэм яхуозэ

Урысей МВД-м  Тэрч рйонымкIэ и IэнатIэм     щекIуэкIащ  Къэрал автоинспекцэм и къудамэм и инспекторхэм, Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и район IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр ящIыгъуу  къызэрагъэпэща зэIущIэ. 

IуэхущIапIэхэм  я лIыкIуэхэм  районым щыпсэухэугъ гъуъэгум зэрыщызекIуэ хабзэм ебэкъуауэ административнэ жэуапым зэрырашэлIам  ипкъ иткIэ суд зытращIыхьахэм  яхуэзэри  яхутепсэлъыхьащ  чэфу рулым дэсхэм я зэранкIэ  къэхъу транспорт зэжьэхэуэм   кърикIуэхэм.   

- Мыпхуэдэ зэIущIэхэмкIэ ди   мурадыр     хабзэр уэим зыщIхэм  зыкъегъэщIэжынырщ,  фадэ ефауэ рулым дэсхэм  я зэранкIэ гузэвэгъуэ къызэрыхъур     ягурыгъэIуэнырщ, - къыхигъэщащ гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэныр яхэпщэнымкIэ инспектор, полицэм и капитан Замбур     Азэмэт.

ЗэIущIэм хэтахэм  жраIащ чэфу транспортыр мызэ-мытIэу зегъэкIуэным  къуэдышхуэ зэрытралъхьэр  суд унафэкIэ зэрыIахыр зэрыармырар нэхъывщхьэр, атIэ     апхуэдэ  гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэм хэтхэмрэ ар къэзыгъэхъуахэмрэ  я узыншагъэмрэ гъащIэмкIэ шынагъуэшухуэу зэрыщытырщ.      

Я зэхуэзэм и кIэухыу ДТП-м кърикIуэнкIэ хъунухэм ехьэлIауэ къызэхуэсахэр ирагъэплъащ   Тэрч районым и щIыналъэм  гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм теухуауэ щытраха    видеокадрхэм.   

Къэрал автоинспекцэмрэ УФСИН-м и лэжьакIуэхэмрэ я мурадщ цIыху щхьэпэну мыпхуэдэ   Iуэхухэр егъэкIуэкIыным адэкIи пащэну. 

        

                                                                                

 

  

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: